Къандэхъу Цӏау и уэрэд

Автор: Фатимат Губашиева

Исполнители: Валентина Сосмакова

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Къандэхъухэ Цӏаури щӏалэ нэгуфӏэт,

Щӏалэ нэгуфӏэти, ахъшэ гуфӏакӏэт.

Ахъшэ гуфӏакӏэт, уо-о-о-уорайдэ, Къандэхъухэ Цӏау!

Гуэбэшыхэ гуащэри уи псалъэ ныбэт,

Мудар и ныбэми срилъхьэжакъэ.

Уо-о-о-уорайдэ, Къандэхъухэ Цӏау.

Къандэхъу Мэзаныри дзапэфӏанэншэт,

Ахъырэтыншэми сигъэунэхъуакъэ.

Сигъэунэхъуакъэ, уо-о-о-уорайдэ, Къандэхъухэ Цӏау.

Цей морэ цӏыкӏури къыбдокӏэрахъуэ,

Къандэхъухэ дежкӏэрэ секӏэрэхъуэкӏынут.

Уо-о-о-уорайдэ, Къандэхъухэ Цӏау.

Бранду бэзэрми барбарис щащэ,

Алащэ хабзэурэ Мудар сищакъэ.

Мудар сищакъэ, уо-о-о-уорайдэ, Къандэхъухэ Цӏау.

Си пшынэ цӏыкӏури пшапэм согъаджэ,

Цӏау къысхуезыджэми ӏулъхьэ естынт.

Уо-о-о-уорайдэ, Къандэхъухэ Цӏау.

Ӏэпщэу Хьэмашэри упщӏэ бгырыпхыбгъуэт,

Къамэ фӏыцӏэ бгъуэжьми сигъэунэхъуакъэ.

Сигъэунэхъуакъэ, уо-о-о-уорайдэ, Къандэхъухэ Цӏау.

Хьэгуагу унэшхуэри щӏалэхэм ямыдэ,

Хъыджэбзхэм ямыдэми сратыжакъэ.

Уо-о-о-уорайдэ, Къандэхъухэ Цӏау.

Уи шыгъуэ цӏыкӏури нахъутэм доджэгур,

Сыбдэджэгунути, сыпхэкӏыжакъэ.

Сыпхэкӏыжакъэ, уо-о-о-уорайдэ, Къандэхъухэ Цӏау.

Преданий, сопровождающих песню, не представлено ни в публикациях, ни в записях, хранящихся в архиве КБИГИ. Согласно сообщению исполнителя, автором песни является девушка Фатимат Губашиева, которую уезжающие в Турцию родители насильно выдали за нелюбимого. Сама же она любила другого – юношу по имени Цау Кандохов.

Песня выходила на виниловой пластинке С30-08197-8 в 1976 г.

Источник: книга Народные песни и инструментальные наигрыши адыгов. Т.4, ч.1

ключевые слова: ц1ау