Адыгэ пащтыхьхэм я тхьэусыхэ (полная версия)

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Кавказым и къуршхэр

Мы дунеишхуэм и тажщ.

Тэджэлейхэр ящыгъыу

Адыгэу исыр щызокӀуэ.

Ди зекӀуэ кӀуапӀэкӀэ

Китайм и Хэкур блэгъащэт.

Ди сэмэгушэм ирегъэщӀ,

Дзэшхуэм дыхуилъмэ,

Аслъэн хабзэу дызокӀуэ,

ЗекӀуэлӀ щауэм

Къарэ Ӏэдэжыр зэрашэ,

Дзэшхуэр зезышэмэ

Вагъуэшхуэ лыдыр я гъуазэщ,

Шу гъуазэу диӀэхэм

гъуазэпщӀэ Ӏыхьэр хухахи

Шу щищ къабзэ дырокъу,

ГъуазапщӀэр дахэу хухах,

Хы гущэм докӀри

Мысырым и къалэм дынос,

Къалэм дыщынэскӀэ

Мысырыпщыр къоджэри дегъафӀэ.

ФӀыуэ ялъагъуу тхэтыр

Пащэ гъэсэну къарет,

Дзэшхуэ зритыгъэр

Шу щищ къабзэ дырокъу,

Бэрокъуэпщыр

Ахъырэтыкъуэ еубыд.

Ажалым щиубыдым

А къуэм уэчылу къыхуещӀ.

Уэчыл узыхуащӀыгъэм

Ахърэт унэ хуебгъэщӀщ.

Хэкуу иубыдыгъэмэ

Мэчэ-Мэдинэр ящыщщ.

Дзэ пашэу диӀэмэ

Шу я лей ди дзэр зэрашэ,

Узыщыщ цӀыхумэ

Пащтыхь тажыр къащыплъэщ,

Таж къызыщыплъагъэр

Нэрыбгэ тӀощӀрэ тӀурэ фырокъу.

ФыныкъуэкъуэнкӀэ

Аслъэн хабзэу фызокӀуэ,

ЗекӀуэ лӀы хабзэу

Бэрокъуэпщыр псэхыжщ.

СулътӀан Сэлимыр къытхуокӀуэ.

Дзэ гущэу къытхуэкӀуэр

Маржэ дэӀэпыкъум щогъуэлъ.

Лъы гущэр ягъажэу

Джатэ ихахэр щозауэ,

Зауэм дыхыхьэ гущэмэ,

Къэнщауэ Гъурыр ди пашэт.

Дзэ пашэу диӀэр

Хъервэчщ, дигъакӀуэркъым.

ДызэщӀэкӀуэнути,

Къэнщауэ Гъурыр мэзауэ,

Зауэм щыхыхьэкӀэ

Аслъэн хабзэу мэзекӀуэ.

Дзэшхуэм щызекӀуэурэ

Шэхьид хабзэу псэхыжщ.

Дэ къэдгъэзэжмэ,

Мысырым и къалэ докӀуэж.

Къалэм дыкӀуэжмэ,

Пащтыхь хъунри дэмыс,

Думэн-бейр дэсщ,

Пщыгъуэр иратынкӀэ щӀалащэщ.

Дзэр зэришэнкӀэ

Псэ зиӀэм хуэдэу тхэмыт.

Пщыгъуэр къыратщ

Пащтыхь тахътэм дагъэкӀ.

Румыр къэкӀуащ,

Мысырым и къалэми нос,

Сабийуэ дэсыр

Джатэпэ-бжьыпэкӀэ зэрадзэ.

Уэсмэн и дзэшхуэм

Думэн-бейр йозауэ,

Зауэм щыхыхьэкӀэ

Благъуэшхуэм хуэдэу мэзекӀуэ.

Жэрыжьым тесу

Сэлим щахъ фӀэщӀокӀ.

Шэтырэм уекӀуэмэ,

Рум пащтыхьыр щӀэмыс,

Мэисэу иӀыгъыр

Шэтыр щӀагъым щегъабзэ,

Бзэжьым щеӀэкӀэ

Тыркум дзэ пашэр къегъэлъэхъу:

- Фэ фызылъыхъуэхэр Сэлим шахъщ, фӀэщӀокӀ.

Дзэшхуэм щӀэкӀиемэ,

Зы лъэувыгъуэ иримыт.

Тхьэшхуэр зэтагъэмэ

Мы курыт бейр ящыщщ.

Дзэр зэришэнкӀэ

Зыщыщ цӀыхухэмкӀэ дагъуэншэщ

Дзэшхуэр къыщӀыхьэри шэхьид хабзэу псэхыжщ,

КӀапсэр дадзей,

И таж щыгу

Вагъуэшхуэ папщӀэу къолыд.

Зэпэлыдыжу, хьэдэ лъэмыжу

Мы хьэланищэр мэзауэ,

Зауэм щыхыхьэкӀэ

Хьэлий папщӀэу яфӀощӀ,

Зауи фӀэмыщӀу

Тыркум и дзэшхуэм щоджэгу,

Гум ит мазэщи

Мы хьэланищэр къуохьэж,

Думэн-бейр

Уэсмэн лъапцӀэмэ яубыд.

Дзэшхуэу зыубыдым

Сэлим шахъыр къыхуашэ,

КӀапсэр дадзей,

Думэн-бейр драшей.

ЗекӀуэ лӀы щауэхэр

Джатэпэихым ироджэгу,

Дэ ди джэгуэгъур

Муслъымэныгъэм емыплъ,

Лъы гущэу ягъажэр

Мы Нил псыхъуэм нэхъыбэщ.

Ди ныбэрылъхэр

Уэсмэн сэжьымкӀэ къырадз,

ЩӀалэу къырадзыр

Тыркум и хьэжьмэ ныхуадз,

Дэ дызезыдзэм

Тхьэшхуэу языгъащӀэр и плъакӀуэщ.

ЯдэмыкӀуэжыр

Тыркужь лъапцӀэм Тхьэм яхуихь!

Источник: Одноклассники.ru - Группа "Хэкурэ - Хабзэрэ"