Уэрайдэ, гъатхэри мэхъури,
Сэрмахуэ, жыгхэр мэгъагъэ,
Сэ сыныпкӏэлъыгъыурэ, рэууой мыгъуэ,
Уэ къущхьэхъумэ уокӏуэ мыгъуэр.
Уэрайдэ, уи мэлыхъуэгъури,
Сэрмахуэ, уи бгырыпх лалэмэ,
Сэ сыхъыджэбз щӏалэти, еу-уой мыгъуэ,
Сэ сыделэгъуафӏэ мыгъуэт.
Уэрайдэ, уи мэлыхъуэгъури,
Сэрмахуэ, гуэбэнэч фӏыцӏэмэ,
Сэ мэл фӏыцӏэ слъагъумэ, еу-уой маржэ,
Сэ пшынэ сахуоуэ мыгъуэ.
Уэрайдэ, данэ бэлътокури
Къущхьэхъумэ ныпхузогъэхьмэ,
Кӏапэ лей къыщысхуебгъэхьми, рэууей,
Тхьэ зызгъэнщӏыжа мыгъуэтэм.
Уэрайдэ, уи мэлыхъуэвхэри,
Сэрмахуэ, зэрыбжьэисэрэ,
Сэ фи унэ исхэми, рэууой маржэ,
Сэ захэслъыта мыгъуэт.
Уэрэдыр дэнэ лъэныкъуэкӏи зэрыщыжаӏэри, зэрыщацӏыхури «Щауей Нэкурэ и уэрэдущ». Ауэ псыгуэнсудэсхэм щыщ куэдым зэрыжаӏэр «Шыуанэ Хурэ и уэрэдщ». 1936 гъэм урысыбзэкӏэ Москва къыщыдэкӏа «Кабардинский фольклор» тхылъым зэритхри «Щауей Нэкурэщ». Уэрэдым и тхыдэу а тхылъым итыр мыращ: «Адыгэ хъыджэбз щӏалэ, дахэ, пшынауэ ӏэзэ Нэкурэ къущхьэхъу кӏуэ нэгъуей мэлыхъуэ щӏалэм егуэкӏуащ. Нэгъуей щӏалэр къущхьэхъум зэрыкӏуэрэ куэд мыщӏауэ, хабзэми, ауанми фӏэмылӏыкӏыу ар здэщыӏэ щӏыпӏэм и пшынэр къищтэри Нэкурэр кӏэлъыкӏуащ. Мэлыхъуэ пщыӏэм щынэсым, щӏалэм хуиуса уэрэдыр жиӏэу, и пшынэмкӏи дежьуужу техьэри, и лъагъуныгъэр игъащӏэ псомкӏэ нэгъуей щӏалэм ӏэщӏилъхьащ». «Къалэмкӏэ тхылъымпӏэм иптхар джыдэкӏэ къыпхуиупщӏыкӏыжынукъым», жаӏэ урысхэм. Апхуэдэу тхылъым щратхакӏэ, хъыбарыр нэгъуэщӏу къэзыӏуэтэжхэм зыри щыжамыӏэкӏэ, ар икъукӏэ фӏэщ хъугъуей пэтми, абы тедухуэн хуей хъуауэ щытащ. Ауэ зи гугъу тщӏы тхылъым ит хъыбарым зы пэжи хэмылъу къыщӏэкӏащ.
А уэрэдыр «Щауей Нэкурэу» зэрыжытӏэмкӏэ мыарэзыуэ, хъыджэбзым и унэцӏэ дыдэр абы фӏащыжыну лъаӏуэу Нэкурэ и лъэпкъым щыщ Щауэ Къадир къэкӏуащ институтым. Абы нэмыщӏауэ, Къадир тэмэму уэрэдым и тхыдэр - зыусар, езыгъэусар, зыхуаусар, яусын хуей щӏэхъуар къытхуиӏуэтэжащ. Абы зэрыжиӏэмкӏэ, а гукъеуэр иӏэ пэтми, лэжьыгъэм къыдэмыхуэурэ екӏуэкӏащ. Иджы пенсэм кӏуати, «Нэкурэ и унэцӏэр пэжым тетым нэхъыфӏщ» жиӏэри къэкӏуащ, армыхъумэ Къадир ищӏэххэтэкъым цӏыхубзым и хъыбару зи гугъу тщӏа тхылъым итыр. Уэрэдым и тхыдэу Къадир къытхуиӏуэтэжар мыращ: «Нэкурэ и унэцӏэу щытар Щауейкъым, атӏэ Щауэщ. Бахъсэн, япэм Кушмэзыкъуейкӏэ зэджэу щыта къуажэм, щыпсэу Щауэ Нэгъуей ипхъущ ар. Нур и цӏэу шыпхъу нэхъыжь, Къалмыкъ, Хьэжсет, Хьэнэф я цӏэу дэлъхуищ иӏащ. Нэкурэ хъыджэбз дахэт, зэкӏэлъыкӏуэт, езыр пшынауэ ӏэзэт. А къуажэ дыдэм щыщ мэлыхъуэ щӏалэ Лампӏэжь Мацӏушрэ Нэкурэрэ фӏыуэ зэрылъэгъуащ. Мацӏушыр илъэс зыбжанэкӏэ нэхъыжьт, итӏани абы щхьэкӏэ къимыгъанэу Нэкурэ щӏалэм дэкӏуэнут.
Ауэ ар зэрыкъулейсызым папщӏэ иратын ядэртэкъым хъыджэбзым и ӏыхьлыхэм.
А къуажэ дыдэм дэсащ ӏуэрыӏуэдзу, усэ зэхилъхьэу, уэрэд иусу Лэтокъуэ Ӏэсхьэд. Мацӏуш абы мэл иритри елъэӏуащ а тӏум я лъагъуныгъэм теухуауэ уэрэд яхуиусыну. Апхуэдэу ищӏмэ, Нэкурэ къратыну щыгугъырт. Ӏэсхьэдым Мацӏуш и лъэӏур игъэзэщӏащ. Мацӏуш езыр зэрыхуеям хуэдэу уэрэдыр дахэу зэхэлъхьа зэрыхъуам щхьэкӏэ етӏуанэуи мэл иритащ уэрэдусым.
Уэрэдыр цӏыхум яхыхьа нэужь, тӏэкӏуи зэхъуэкӏауэ, щхьэж зэрыхуейм хуэдэу жаӏэу щӏадзащ. Ауэ «сыхъыджэбз щӏалэт, сыхъыджэбз делэт, си делэгъуафӏэт» жиӏэу хэзылъхьар езы Нэкурэщ. Уэрэдым хэтащ «Щауэ Нэгъуейр лъэмыжым тетщ, хъыджэбзым и тетым и нэфӏ къытщыхуэ» псалъэхэри. Ахэр хэзыгъэувар езы Мацӏушт. Абы нэмыщӏауэ, Ӏэсхьэд зэриусауэ щытар «уи мэлыхъуэгъур гуэбэнэч фӏыцӏэт, сэ фӏыцӏагъэу слъагъур Мацӏуш къысфӏощӏ» жиӏэут, армыхъумэ «сэ мэл фӏыцӏэ слъагъумэ, пшынэ сахуоуэ» жиӏэутэкъым.
Я тхыдэр дымыщӏэу иджыри уэрэд куэд щыӏэщ, псом хуэмыдэу лъагъуныгъэ, гушыӏэ, ауаныщӏ уэрэдхэу. Апхуэдэщ «Хьэсасэ (Хьэцацэ) къарэ и уэрэдыр», «Мэлэч и уэрэдыр», «Таукъан и уэрэдыр», «Дзадзунэ и уэрэдыр» «Мурат и уэрэдыр», нэгъуэщӏхэри.
Щауэ Къадир къыщӏыдэлъэӏуар Нэкурэ и унэцӏэ дыдэр тэмэму зэфӏэдгъэувэжыну аращи, ар дгъэзэщӏэнщ.
Дяпэкӏэ уэрэдым дызэреджэнур «Щауэ Нэкурэ и уэрэдщ». Институтым къыдигъэкӏ «Адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ» еплӏанэ тхылъым Нэкурэ и уэрэдыр итынущи, абы и тхыдэри и унэцӏэри пэжым тету иттхэжынщ.
Тхылъым ит щыуагъэр - нэгъуей щӏалэ щӏыжаӏар - Нэкурэ и адэм Нэгъуей зэрицӏэр арт. Абы нэмыщӏауэ Нэкурэ зэгуэкӏуар мэлыхъуэу зэрыщытырт. Ещанэу, Щауэр Щауейуэ зэхъуэкӏа хъуным зыри хэлъкъым. Ауэ, дауэрэ къемыкӏуэкӏами, уэрэдыр ди зэманым къызэрысам хуэдэу жыӏэн хуейуэ къыдолъытэ, сыту жыпӏэмэ Лэтокъуэ Ӏэсхьэд иуса уэрэдыр зэрыщыта дыдэм хуэдэу ди деж къэсакъым, къэсар иджы цӏыхухэм зэрыжаӏэрщ.
«Ленин гъуэгу», 1988 гъэм майм и 7.
Источник: Одноклассники.ru - Группа "Хэкурэ - Хабзэрэ"