Таукъан и уэрэд

народная песня

ТЕКСТ:

Таукъаным сыщыпымылъымэ, дуней,

Сигури Бещтом и ӏуащхьэт,

Таукъаным пылъын езгъажьэри, дуней,

Сигури хугу хьэдзэм хуокӏуэ.

Пщащэмэ си пшынэ фӏыцӏэри, дуней,

Ӏэпэкӏэм щызогъэпсалъэ,

Таукъаным, псалъэу жиӏахэри, дуней,

Сигумэ ӏэфӏу къина мыгъуэщ.

Пщащэмэ си пшынэ фӏыцӏэмэ, дуней,

Ӏэпэкӏэмэ къыщызогъэкӏым,

Таукъаныр сигум къыщыкӏкӏэ, дуней,

Ӏэл фӏыцӏэу сыкъызокӏуэкӏыр.

Таукъаным и шынэхъыщӏэри, дуней,

Мащӏэурэ хуэнабдзэщӏэуфэт,

Таукъаныр къэфэну къыщыдэкӏами,

Щӏы фӏыцӏэжьым зыкъыдигъазэт.

Дыщэурэ си бгырыпх цӏыкӏумэ, дуней,

Сибгыри быдэу къекъузмэ,

Таукъаным и гузэвэгъуэмэ, дуней,

Гъыбзэшхуэр сигъэуса мыгъуэщ.

Дыщэурэ си бгырыпх цӏыкӏури, дуней,

Метурэ къызэдокӏуэкӏмэ,

Таукъаныр унэм щӏэзгъэкӏмэ, дуней,

Сипсэ тӏэкӏур хэкӏын сыфӏощӏмэ.

Дыщэурэ си ӏэлъын цӏыкӏури, дуней,

Уей мыгъуэ, уи мыщӏэ закъуэщ,

Анэкъилъхуу сэ си дэлъху закъуэмэ, дуней,

Таукъаныр ӏэщӏэкӏуэдэнущ!

Ипщэкӏэ дыгъэмыхъуэшхуэм, дуней,

Щынэ фӏыцӏэр къыщыздоджэгумэ,

Таукъаныр джэгум къыщыкӏуэкӏэ, дуней,

Пшынэ фӏыцӏэр согъэубзэрабзэ.

Сиадэурэ, сиадэурэ дыщэуэ, маржэ,

Таукъаным сэ щхьэ сумыгрэ?

Таукъаным сыщумытынукӏэ, сиадэ,

Кӏэртӏузыр зыщхьэрытӏагъэ!

Сианэурэ, сианэурэ дыщэуэ, маржэ,

Таукъаным сэ щхьэ сумытрэ?

Таукъаным сыщумытынукӏэ, сианэ,

Нэмэзлыкъым утемытӏысхьэ!

Источник: книга З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр"