Пщымэзытхьэ и уэрэд

народная охотничья песня

ТЕКСТ:

Пщымэзытхьэкlэ, уа-уа, соджэри, уаредэ, уэ пащlэ, уа-уо, бзииплърэ!

Санэплъымэ, уо-уо, и бзабзэ гущэри, уаредэ, уэ зыхуагъэ(уэ)хыжьи!

Гъэлъэхъу хужьым и бжьабэ гущэр зи тыхьэ щlасэ!

Мыр зи нысэ дахэ гущэри зыхуэлъэгуажьэ!

Мы дэ недгъэжьа гущэри зэрыlэщхьэху!

Мыр ерэжь и махуэт, зэрыхуэlэжь!

Щыхьыжьмэ и бжьэпэ гущэр зи сотэрэш!

Бланэ пшэрым и щхьэфэ гущэр зи фэ сулыкъу!

Мыр пылыжьмэ и къупщхьэр зи убыдакъ!

Зи алътын акlэ гущэми зыкъытхурисэ!

Источник: книга З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр"