Си дахэ

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Пщэдджыжь нэмэзым укъыщӏэкӏауэ

Уэ хьэуа къабзэр зыжьыдэпшамэ,

Пфӏэщӏынут псори пкӏэрыщэщауэ,

Дунейм щӏэрыщӏэу укъытехьауэ.

Хьэл-щэн дахащэ зыбгъэдэлъ пщащэ,

Уи пщӏыхь сыхэту жэщыр согъакӏуэ,

Сыногупсысу махуэри макӏуэ,

Си псэм хуэзгъадэу си хъыджэбз дахэ.

Припев:

Пщащэ, уэ ухэтщ сэ си гъащӏэм,

Си дахэ, уэ зыбогъафӏэ сынэкӏуамэ уэ уи дей.

Пщащэ, уэ ухэтщ сэ си гъащӏэм,

Си дахэ, уэ зыбогъафӏэ сынэкӏуамэ уэ уи дей.

Фӏыщэу сэ си псэм уэ уилъэгъуащи,

Зыпщызмыгъэнщӏыу уэ сыноплъами,

Сэ сикӏуэжыгъуэри къэблэгъащи

Уэ укъэзгъынэу гум къысхуимыдэ.

Уи пщӏыхь сыхэту жэщыр согъакӏуэ,

Сыногупсысу махуэри макӏуэ.

Си псэм хуэзгъадэу си хъыджэбз дахэ,

Уэ тхьэӏухудым гур хыбогъахъуэ.

Припев.

Пщэдджыжь нэмэзым укъыщӏэкӏауэ

Уэ хьэуа къабзэр зыжьыдэпшамэ,

Пфӏэщӏынут псори пкӏэрыщэщауэ,

Дунейм щӏэрыщӏэу укъытехьауэ.

Хьэл-щэн дахащэ зыбгъэдэлъ пщащэ,

Уи пщӏыхь сыхэту жэщыр согъакӏуэ,

Сыногупсысу махуэри макӏуэ,

Си псэм хуэзгъадэу си хъыджэбз дахэ.

Припев.