Сэрмахуэ

народная песня

(из книги З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр")

 

ТЕКСТ:

Насыпыншэу зэман бзаджэм дыхалъхуэ,

Мылъхуэжыныр пщыжь-уэркъыжьхэм къахукӏуэ.

Хьэщӏэ къакӏуэм пщылӏ хъыджэбзхэр иращэ,

Жэщыр хъумэ гупсысэным дегъалӏэ.

Щэныбэжьхэм пщылӏ сабийхэр яукӏ,

Кӏэ имыӏэу я гъы макъыр зэхох.

Хей ящӏамэ дэ дымысэу къыщӏокӏ,

Кӏэ имыӏэу я бэлыхьыр дошэч.

Мы гъэрэщым сэкъатыншэу докӏуадэ,

Ди кӏуэдыкӏэм пщылӏ фызыжьхэр йолӏыкӏ.

Япэ лӏамэ дыщӏэхъуэпсу дыкъонэ,

Дяужь къинэм я насыпыр текӏуэнущ.

Насыпыншэу зэман бзаджэм дыхалъхуэ,

Мылъхуэжыныр пщыжь-уэркъыжьхэм къахукӏуэ.

Скачать в исполнении Зарамука Кардангушева

Ключевые слова: насыпынщэу заман бзаджэ дэкъальхуэт