Псалъэхэр зытхар: Джыназ Н.
Макъамэр зытхар: Анзэрокъуэ Тщ.
Исполнители: Черим Нахушев
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Гуфӏэгъуэ иныр, ныбжьэгъухэ,
Адыгэ джэгум хишащ.
Мы фӏыгъуэр зыӏэт лӏыхъужьхэр
Джэгункӏи нобэ хуащӏащ.
Адыгэ джэгу, адыгэ джэгу,
Фыкъафэ, щӏыгур доӏэт.
Адыгэ джэгу, адыгэ джэгу,
Маржэ, гуфӏэгъуэр щӏэхъуар.
Лэжьакӏуэ щӏалэхэм щӏылъэр
Яхуримыкъуу заӏэт.
Пшыналъэр уэгум ихьащи,
Щӏалэщӏэр вагъуэу холъэт.
Адыгэ джэгу, адыгэ джэгу,
Фыкъафэ, щӏыгур доӏэт.
Адыгэ джэгу, адыгэ джэгу,
Маржэ, гуфӏэгъуэр щӏэхъуар.
Жьакӏэхум и псалъэр щабэу,
Хъуэхъубжьэр лъагэу яӏэт.
Щӏалэщӏэ, псэр зыгъэхуабэ,
Си бынхэм бжьэр къыздэфӏэт.
Адыгэ джэгу, адыгэ джэгу,
Фыкъафэ, щӏыгур доӏэт.
Адыгэ джэгу, адыгэ джэгу,
Маржэ, гуфӏэгъуэр щӏэхъуар.
Источник: @zhygue
ключевые слова: гуф1эгъуэ