Инаркъуей мафӏэсым и уэрэд

народная песня

Исполнители: Владимир Барагунов, Мурат Тхагалегов

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ:

Уэзырхэ Нахъуэми

Хьэщӏэ къыхуокӏуэ,

Хьэутий нокӏуэри

Шыхэр щӏетӏыкӏкъэ.

Ибг щӏэтӏыкӏауэрэ

Елдар мэпщафӏэ,

Фадэ нэхъыфӏхэри

Борэ къахуехькъэ.

Щоджэн Елмырзэри

Уи ныбжьэгъу гупсэщ,

Нышыр къахуихьри

Жэрэ къэсащ-тӏэ.

Дыщэ ӏэлъынри

Дэпым егъэлъейкъэ,

Улъэрэ-лъейуэ

Хьэжмуд къэсащ-тӏэ.

Ныбэжь Бэчырми

Ахъшэ кърехкъэ,

Абдж нэщӏ къыдехри

Алий къыдокӏ-тӏэ.

Уэзырхэ пщӏантӏэм

Сэмэвар щагъэувкъэ,

Фызыжь увахэри

Джабэм йожэкӏ-тӏэ.

Тумэ Хьэжбейри

Уи цӏырыхъущӏэщ,

Сэмэвар ӏэрыщӏри

Щыблэм икъутэ!

Тумэ Тӏатӏымри

Зэрынэзакъуэ,

Нахъуэ изакъуэ

Щэ дигъэсащ-тӏэ.

Шэрий Къасымри

Сабырщӏэгъейщ-тӏэ,

Уэзырхэ дгъейуэрэ

Жылэр тфӏисащ-тӏэ.

Мэкъуо Жамботри

Уи фӏыцӏагъэшхуэщ,

Шэрий хьэблэшхуэри

Фӏыцӏагъэм щӏащтэ!

Шэрий Ӏэуесри

Зэрыхуэӏушэ,

Ислъэмей шухэри

Къызэрохьэх-тӏэ!

Мэкъуо Жамботри

Уи лӏы мылажьэщ,

Сытхэр ди лажьэу

Дыкъебгъэсэкӏрэ?!

Мэкъуо Хьэмашэри

Уи молэ нэпцӏщ-тӏэ,

Къумыкъу тхьэгъэпцӏым

Дигъэунэхъуащ-тӏэ!

Тумэ Бэрокъуэми

Пхъэхэр къефыщӏ-тӏэ,

Хьэблэ фызыжьхэми

Зогъэфыщӏыж-тӏэ!

Шэрий Тӏырыгури

Хъыдан бгырыпхкъэ,

Фызыжь бгырыпххэри

Мафӏэм хисхьащ-тӏэ!

Дзыгъурхэ я витӏри

Бэкхъым къыщожьэ,

Шыл гъэжьа фшхынумэ

Уэзырхэ фыкӏуэ!

Пщыншэхэ Шокуэри

Дамыгъэ тедзэщ,

Мафӏэм зытеддзэурэ

Тӏэщӏэлъэтащ-тӏэ.

Шогуэ ефэндыжьми

Хьэжыгъэр къешэч-тӏэ,

Дэ тхуэмышэчри

Уэзырхэ Нахъуэщ.

Уэзырхэ Нахъуэри

Дыжьын къамэшхуэщ,

Уиадэшхуэ и хабзэри

Къэбублэжащ-тӏэ!

Хьэткъут зэшитӏри

Уи фыз къэмышэщ,

Ямышэжынри

Хьэсибат къыхукӏуэ!

Шогуэ ефэндыжьри

Шэрихьэт мыщӏэщ,

Къуажэкӏэм ямыщӏэурэ

Мафӏэр нэсащ-тӏэ!

Ныбэжь Къасботри

Ди къуажэ гъуощ-тӏэ,

Хьэблэ фызыжьхэм

Гъуэгыу къажыхь-тӏэ.

Шэрий Даутри

Уи пцӏыӏуэпцӏышэщ,

Инарыкъуей унэхэр

Зэрагъэпцӏыж-тӏэ.

Источник: книга З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр"

ключевые слова: мафlэс, инаркъуе маф1эс, мафiэсэм, мафiэсым Инэркъуей Маф1эсым Инэрыкъуей Ислъамей инаркъуеймэфэс Хьэути нок1уэри щ1ет1ык1ыри