Исполнители: Артур Муков
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Вагъуэплъыр мазэм гуфӏэу къыдофэ,
Сигу ущызгъафӏэурэ укъызогъафэ.
Утыку уисшащи гъунэгъу къысхуэхъу,
Лъагъуэр фӏэмащӏэу гум укъелъыхъу.
Си дахэ, си пщащэ, укъызогъафэ,
Сигуми сипсэми ущызогъафӏэ,
Гухэлъыр уэркӏэ мэхъу дахэкӏей,
Дыкъыздэгъафэ, щыӏэм я лей.
Си дахэ, си пщащэ, укъызогъафэ,
Сигуми сипсэми ущызогъафӏэ,
Гухэлъыр уэркӏэ мэхъу дахэкӏей,
Дыкъыздэгъафэ, щыӏэм я лей.
Щӏалэгъуэ дахэ къызэднэкӏащ,
Лъэужьыр пхуэсщӏри сыбдекӏуэкӏащ,
Къокӏыжыр сигум ди зэхуэзапӏэр,
Къыщыпӏэтари, си дахэ, напӏэр.
Си дахэ, си пщащэ, укъызогъафэ,
Сигуми сипсэми ущызогъафӏэ,
Гухэлъыр уэркӏэ мэхъу дахэкӏей,
Дыкъыздэгъафэ, щыӏэм я лей.
Си дахэ, си пщащэ, укъызогъафэ,
Сигуми сипсэми ущызогъафӏэ,
Гухэлъыр уэркӏэ мэхъу дахэкӏей,
Дыкъыздэгъафэ, щыӏэм я лей.
Макъамэ дахэм си лъэр щӏегъэкӏ,
Псэр уи гъусэгъущи, утыку уимыкӏ.
Пшынэбзэ дахэм гухэлъ къызет,
Ӏэщӏыб сумыщӏу, напӏэр къэӏэт.
Си дахэ, си пщащэ, укъызогъафэ,
Сигуми сипсэми ущызогъафӏэ,
Гухэлъыр уэркӏэ мэхъу дахэкӏей,
Дыкъыздэгъафэ, щыӏэм я лей.
Си дахэ, си пщащэ, укъызогъафэ,
Сигуми сипсэми ущызогъафӏэ,
Гухэлъыр уэркӏэ мэхъу дахэкӏей,
Дыкъыздэгъафэ, щыӏэм я лей.
Слушать бесплатно в исполнении Артура Мукова
ключевые слова: ущызогъаф1э