Исполнители: Черим Нахушев
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Фӏылъагъуныгъэ дэхащэр, си псэ,
Уи нэфӏыцӏитӏым къыщӏех.
Гугъэфӏурэ ныпхуэсщӏахэр, дахэ,
Уи нэгум нуру къырех,
Уи лъагъуныгъэмэ сызэпкъырех.
Припев:
Къафэурэ, джэгуурэ,
Джэгум и фащэурэ,
Нэ фӏыцӏэ пӏащэурэ
Уэ си дуней,
Си дахэкӏей.
Си гущӏэм мафӏэр щызэщӏэнащи
Сыныпӏуплъэхукӏэрэ сфӏес.
Фӏылъагъуныгъэ пхуэсщӏащи щэхуу
Си щэхур нахуэм сфӏынос.
Гъащӏэ насыпыурэ сыхущӏохъуэпс.
Припев.
Уэращ си гущӏэр зыгъэубзэфыр,
Зыгъэӏэсэфыри уэрщ.
Нэм уфӏэдахэуэ, псэм уфӏэӏэфӏу
Насыпу укъызитащ.
Гъащӏэ насыпурэ укъызитащ.
Припев.
Источник: http://oredade.ru/kkayser-psheashee-nehushe-cherim/
Ключевые слова: Къайсер