Уи фэеплъ ӏэлъощӏ

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уи фэеплъ ӏэлъощӏри, уей-уей,

Си пщэм къыдызопхъуэри, дуней нэху гущэ.

Нэр къыщхьэрэзыпхыурэ

Лъагъуныгъэ гуащӏэри лъым къыхохьэри

Мы си гущӏэр зэрегъэнзэкӏыр.

Уэрирэу-рирэу, уэрирэу-рирэу,

Мы си гущӏэр зэрегъэнзэкӏыр.

Мобы дэкӏуэ жаӏэми, уей-уей,

Ди деж къыздогъанэри дуней, нэху гущэ.

Сэ сызыдэкӏуэнури ахэм щӏажезмыӏэри

Уэ зызакъуэращ,

Лъагъуныгъэм сызэредзэкӏыр.

Уэрирэу-рирэу, уэрирэу-рирэу,

Лъагъуныгъэм сызэредзэкӏыр.

Къуажэм дэт щӏалэфӏхэри, уей-уей,

Сэ къысхузэблокӏхэри дуней нэху гущэ.

Зэнатӏэ дымыхъуурэ

Хьэдырыхэ сыкӏуэмэ

Сыщӏэхуэн сфӏэмыщӏ,

Си гущӏыӏум къикӏэныр банэщ.

Уэрирэу-рирэу, уэрирэу-рирэу,

Си гущӏыӏум къикӏэныр банэщ.

Укъыщысхуаубкӏэрэ, уей-уей,

Мы си гущӏэм щӏохьэри дуней нэху гущэ.

Аркъэн зэрыдзакӏэрэ

Сэ зыстхьэлэжыну,

Нэ къуэлэн мыгъуэ,

Тӏорэ-щэрэ сыптелъэдакъэ,

Адыдыд мыгъуэ, анынын мыгъуэ,

Лъагъуныгъэм сызэредзэкӏыр.

Уи фэеплъ ӏэлъощӏри, уей-уей,

Си пщэм къыдызопхъуэри, дуней нэху гущэ.

Нэр къыщхьэрэзыпхыурэ,

Лъагъуныгъэ гуащӏэри лъым къыхохьэри,

Мы си гущӏэр зэрегъэнзэкӏыр.

Уэрирэу-рирэу, уэрирэу-рирэу,

Мы си гущӏэр зэрегъэнзэкӏыр.

Скачать MP3 в исполнении иорданской диаспоры

Ключевые слова: Уи фэеплъ 1элъощ1, Уи фэеплъ IэлъощI, Уи фэеплъ lэлъощl