Хы фӏыцӏэжь

Автор: Доган Кушха

Исполнители: Доган Кушха

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Хы фӏыцӏэжьым сыщыӏуплъэм,

Си лъэпкъ тхыдэр сигу къэкӏащ.

Хы толкъунхэм лъыпс къыпыткӏуу

Сфӏэщӏри си гур къиузыкӏащ.

 

Истамбылыжьу зи гъуэгуанэр,

Зэфэзэщу лъыкӏ-псыкӏ.

Птекӏуэдахэм я гыз макъыр,

Хы фӏыцӏэжьым къыхоӏукӏ.

 

Си лъэпкъ дыщэу насыпыншэм,

И тхыдэ гуауэр (гуауэшхуэр) хым къыхощ.

Хы тхьэрыкъуэу псым телъэтым,

И нэгу уиплъэм гъы къыпфӏощӏ.

 

Джатэпэрыхуу лъэпкъ тхьэмыщкӏэр

Хы фӏыцӏэжьым къыӏуахуат.

Ини цӏыкӏуи нэпс щӏагъэкӏыу,

Я хэку дыщэм ирахуат.

 

Дунеижьу мы къэбгъэщӏам,

Тетыжу щытмэ хабзэ тӏэкӏу,

Хуэгъун хуейкъым лей зезыхьахэм,

Тхьэшхуэ мы гъыбзэм къыщӏодэӏу.

 

Самсун, 1984