ТЕКСТ ПЕСНИ:
Ӏэжьэгъуажьэу Хъымыщ икъуэкӏэ Батэрэз.
Батэрэзыу щӏалэ закъуэр зы гуузт.
Батэрэзыр гуузищэуи зэкӏуэцӏылът.
Ныбэм илъу зиадэм илъыр зымыгъэгъу.
Батэрэзыр испы гуащэм къыщыхэзым,
Лъы уасэ къану ар а махуэм къыщахь.
Ар ӏэнейм и быдэхэр и гущэ натӏэу,
Ар чэщейм и къабзэхэр и гущэ дзажэу,
Бланэ жэрым и тхыцӏафэр зи гущэпс,
Шэмбырым и дахэхэр зи гущэ баш.
Вакъуэнанэ Батэрэзыр къыщыхипхэм,
Зеукъуэдийри гущэ натӏэр ныгуещӏыкӏ,
Зыкъегъэпщри гущэпс быдэр зэпеуд,
Зигъэчыну жыхэфэгум нытолъадэ.
Вакъуэнанэ нэжъгъущӏыдзэщ гу нылъетэ,
"Си нэхунэр къэхъууэ щытмэ лӏы хэкӏынщ,
Нартхэ лъэпкъыр абы щыгъуэ ехъулӏэнщ".