ТЕКСТ ПЕСНИ:
Уэлбанэ махуэм соущэ,
Щынахъуэ щӏалэм сыӏуощӏэ,
Щынахъуэ щӏалэр згъэшыни,
Щынэу игъэхъум сахыхьи,
Щынэхъу пшэрыр къахэсхи,
Ӏуащхьэ къуагъым есхьэкӏи,
Пщафэм къыщызубли,
Кӏапэ пшэрым сыщынэсым,
Дзыгъуэ цӏыкӏум къигъэсыси,
Къыхэхъущти, сыкъигъащти,
Щӏэбгъунлъыкӏейуэ сыбгъунлъи,
Мы нэгъуей мащэм сихуащ.
Уэуэу мыгъуэ, сокъугъыр,
Си къугъ макъыр
Бажэжь цӏыкӏум зэхехыр.
Къакӏуэм-къэущурэ
Къыносыр,
Лъапэ зресэри къодаӏуэ.
- Ей, зи наплъэ-ӏуплъэр гуих,
Лъэнкӏапӏэр щӏэзыхыр зи нитӏ,
Зи тхьэкӏумитӏыр папцӏабзэ,
Сыт тхьэм урихьа мы мащэм?
- Уи лъабэ дыщэхэр къэпшийрэ,
Сыхьэмкӏэлэуэурэ сипхыжтэм,
Уи лъэпкъ сымышхыжынкӏэ тхьэ сӏуэнт!
- Ди анэм шырибл дыкъилъхуати,
"Дзыгъуэ дещэнщ" жиӏэри
Хьэмэшыпхэм дыкъиши,
Шэджыжь къуагъым укъуэтти,
Уи кӏэр бгъэсысу укъыкъуэкӏри,
Ди лъакъуэ кӏэщӏхэр удз кӏырым къыфӏэни,
Сэр фӏэкӏаи къэмынэу,
Зырызыххэу дыплӏащ.
Сэ уисхыжыху, ис, бзаджэжь! -
Лъапэкӏэ мывэ тыкъыр иридзэри,
Бажэ цӏыкӏур ущу ӏукӏыжащ.
- Ӏукӏ, ӏукӏ, бажэжь цӏыкӏу!
Уэуэу мыгъуэ, сокъугъыр,
Си къугъ макъ жэмыжь зэхех,
Къакӏуэм-къэущурэ, къынос,
Лъапэ зресэри къодаӏуэ.
- Уэ, зи наплъэ-ӏуплъэр гуих,
Лъэнкӏапӏэр щӏэзыхыр зи нитӏ,
Зи тхьэкӏумитӏыр папцӏабзэ,
Сыт тхьэм урихьа мы мащэм?
- Мы мащэ бзаджэм сипхыжтэм,
Уи лъэпкъ сымышхыжынкӏэ тхьэ сӏуэнт!
- Гъатхэ удзым себгъэхъукъым,
Бжьыхьэм си шкӏэхъур сфӏыбошх,
Сэ уисхыжыхукӏэ урес! - жери
Жэмыжьыр ӏущти, ӏуокӏыж.
- Ӏукӏ, ӏукӏ, жэмыжь
Си узыр ухьи, ӏукӏыж,
Хьэжьхэм я шхыгъуэ ухъуж!
Уэуэу мыгъуэ, сокъугъыр.
Си къугъ макъыр пщӏэгъуалэжь зэхех,
Къакӏуэм-къэущурэ, къынос,
Лъапэ зресэри къодаӏуэ.
- Мы мащэ мыгъуэм сипхыжтэм,
Уи лъэпкъ сымышхыжынкӏэ тхьэ сӏуэнт!
- Сыт мыгъуэкӏэ укъисхыжын?
- Уи кӏэ бацэжьыр къишие! -
Пщӏэгъуалэм и шыкӏэ бацэр
Дыгъужьым ныщыӏэрыхьэм,
Мащэм ирилъэфащ.
Пщӏэгъуалэр ишхри шы къупщхьэр
Зэтрилъхьэжщ, зэригъэкӏэсри -
Дыгъужьыр макӏуэ-мэлъей!
Источники: книга "Адыгэ ӏуэрыӏуатэ. ISBN 5-7680-1427-6"