Исполнители: Зубер Евазов
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Уэ, ди Тӏотӏэрэш,
Тӏотӏэрэш ябгэ,
Шыбгым щыжадэ,
Домбеякъ зи афэ,
Е, зи афэ шабзэ пхымыкӏ,
Е, зи бжыкӏыр мыкъут,
Зи тажыр щхьэ мэӏу,
Зи мэӏур хуэш мэскъалищэ.
Нарт щауэу шууищэ палъэ,
Уи алъпыжьым техутэ,
Уетышхуэр тхэпсыхэщ:
Хы тӏуащӏэ къыдэкӏри
Кӏэ закъуэу зырисэри
Псыблаери къытлъихьэщ:
Ӏэщышхуэр* епхъуатэри,
Бгы пхъуантэми дохьэж.
Нарт жылэр дыхасэщ,
Нарт хасэр зэхуэсщ,
Зэхуэсми къапсэлъ:
- Ей нарту ди Тӏотӏэрэш,
Дзэ гъэшынэу шу закъуэ,
Уэ закъуэрщ щхьэкӏуейм и мэӏур:
Уэ ди лъэӏу уэтхьэлӏэщ,
Мы зы лӏапӏэм дыкъиш,
Уи шабзэшэр мыуэщхъуу,
Лӏыхъу ӏэбжэм зытхует,
Тхьэгъэлэдж къыугуапэ,
Гуапэ ар тщыхъунт.
- Батэрэз ирекӏуэ!
- Батэрэзи щымыӏэ.
- Ӏэпщабгъуэ ирекӏуэ.
- Ар зекӏуэм къыщытщ.
- Пэныкъуэжь вгъэшэс,
Имысыжьи дыщӏывгъу,
Сэ си гугъу къэвмыщӏ, - жи!
- Уэ нарту Тӏотӏэрэш,
Тӏотӏэрэш лӏы ябгэ,
Алъп шыбгым щыщыблэ,
Мы Блаем пэлъэщын
Уэр фӏэкӏи тхэмыт.
Хьатхут гъуэмылэу,
Шыл тӏэкӏу гуфӏакӏэу
Пэныкъуэжь сыт лъэкӏын!
Имысыжьщи щымыӏэ!
Ӏэлбэч и къуэу Тӏотӏэрэш
Иш уанэр трелъхьэ,
Хьырцыджыр ныщекъуэ,
Афэ зэвыр трекъуэж.
Бжыпэзакъуэр къыздещтэ,
Хуэш джатэр зэгуещӏэ.
Зэмыщӏысу мэшэс,
Хьэ самырыри зыщӏегъу.
Гуэрэныбгъукӏэ егъазэ
Мазэхэ ныдохьэ,
Хьэрэмэ ӏуащхьи нокӏуэс.
Псыжь псыхъуи нолъэт.
Талыбыкъуэ ныдохьэ.
Къуэ шыхь зэвым щохъыжьэ
Блэжьыр гъуахъуэу къыпопш.
Жьапщэшхуэр къыщӏещӏэ.
Щӏыгызыр къеублэ;
Блаем щхьибл фӏэтщи
Зым мафӏэр къегъэст,
Зым псывэр къеутх,
Зым къуиблыр догъуагъуэ,
Зым гъуахъуэр егъэш,
Зым блэшэр къеушт,
Зым пшагъуэр къегъэу;
Зым уэфыр къегъэпхъ.
Ери-ей, ди Тӏотӏэрэш,
Шыгъуэ тхыпцӏэ бланащхьэу
Зы щхьэр уэгум етам
Щӏопщ уэгъуи нырех,
Хуэш джатэр нырехри
Ӏэдакъэми щӏелъэф,
Лъэрыгъпсыфэм къокӏуэт,
Мыкъутыкӏри егъэпсри,
И мэӏупсыр ешэщӏ.
Зэмыщӏысу мэпкӏатэ,
Джатэ гъабзэр неублэ,
Блэм и щхьихыр пегъэщ,
Щхьэ ебланэм щынэсым,
Блэм шэрэзыр къехъущт,
Щтэуч хъуаскӏэр къыхуепхъ;
Ди лӏыхъужьыр мэуакъуэ,
Шэрэз дыкъуакъуэр полъэт,
Ари и бжыпэм къещтэж.
Жагъэм тету щхьэм йоуэ,
Блэм и щхьэр ӏуепхъуэт.
Пщэм и ныкъуэр хуребзэ,
Блэжьым убзэу къепсэлъ:
- Уей, нартыжьу хъыжьэм я лей,
Лей хъункъым зэ къеуэж!
- Уей, блаеу щхьэкъэб,
Зи ныбэжьыр шэдылъэ,
Зи лъэжьыр къуэ утэ,
Си джатэр зэрыуэщ!
- Къеуэ уэ, лӏы хахуэ,
Сэ зы щэху бжесӏэнщ!
А уи бжыр пэзакъуэщ,
Бжы дыкъуакъуэр нэхъ лъэщщ,
Ари ӏэщэ пхуэхъунщ.
Си шэрэзу дыкъуакъуэр
Ӏэ пцӏанэу къэпхъуатэ,
Бжыпэ фӏэлъхьэу егъэкӏу,
А бжыр пӏыгъыу дуней псор
Уэ пкӏухьами зы бий
Къыппэмылъэщын!
Къеуэ иджы, нартыкъуэ,
Си щхьэ закъуэри пыхыж!
А махуэм Тӏотӏэрэш
Блэ шэрэзыр ӏэ пцӏанэу
Къищтэну щыхуекъум,
Блэ шэрэзу дыкъуакъуэр
Шабзэшэу къолъэт,
Джатэпэри ныпех,
И мэӏухум зыхесэ,
И псэфылъэм зынедз.
Арщхьэкӏэ афэжьым
И пщэпкъыр зэӏуопщхьэ,
Щӏыӏунащхьэр мэбыдэ,
Дэбэч гъукӏи и напэр
Афэ зэвым къетхьэщӏ.
Абы хэту блэр малӏэ,
Нарт лӏыхъум шэрэзыр
Зэрани хуэмыхъуж.
Ӏэ пцӏанэу ар къещтэ,
Мыкъутыкӏым фӏегъэс.
Къошэсыжри и шыгъуэм
Фӏалъэкъуалэ зыресэ,
Къырыщхьэми долъэт,
Хышхуэм щызоуэ,
Уэ гъуэгуми зырет,
Нарт хэкуми носыж.
А махуэм нарт хасэр
Нарт лӏыхъум къыщотхъу,
Хъуэхъубжьэри къырат.
Нартыжьхэм къыжаӏэ:
- Ей, нарту Тӏотӏэрэш,
Дзэ гъэшынэу шу закъуэ,
Уи бжыпэр дыкъуакъуи,
Ар ӏэщэ пхуэхъун?
Тӏотӏэрэшыр пхъэшакъуэщ:
Бжы дыкъуакъуэр егэпс,
Псей жыгыжьым хуеутӏыпщ,
Лӏищэ ӏэплӏакӏуэм зыпхедз,
Мывэ хьэдзэр зэгуепкӏ,
Зэгуэкӏыпӏэм жьэдонэ,
Нартхэр зырегъэплъыж...
Абы лъандэм нарт лъэпкъым
Бжы дыкъуакъуэр къаублэ,
Блаем текӏуа лъыхъужьым
Лӏыхъужьыбжьэри лъагэс!
* здесь скорее всего должно быть "былымыр"
Текст песни прислал Зубер Евазов
Ключевые слова: ТIотIэрэш, дыкъуакъуэ