ТЕКСТ ПЕСНИ:
Укъыщалъхуа махуэр согъэлъапӏэ,
Щызоӏэтыр уи цӏэр мы дунейм.
Къохъулӏэну гъащӏэм уи гугъапӏэр,
Сыпхуохъуэхъур къэкӏуэн уи пщэдейм.
Припев:
Уэ уи махуэщ нобэ, уэ уи махуэщ – сыпхуохъуахъуэ,
Гукӏи, псэкӏи тхьэр зыхуэупсэн.
Уи нэр здэплъэм уи лъэр лъэӏэсыну – сыпхуохъуахъуэ,
Ущӏэращӏэу гъащӏэр епхьэкӏыну.
Пщэдджыжь пшэплъым бзухэр дэушащи,
Бзэрэбзэжу уэрэд къыпхураш.
Ныбжьэгъу пэжхэр гуфӏэу зэхуэсащи,
Къыпхужаӏэ псоми насып хъуэхъу.
Припев.
Источник: @zhygue
ключевые слова: согъэлъап1э