И анэ еплъи ипхъу къашэ

Слова - Биберд Журтов

Музыка - Б. Пшеноков

Исполнители: Азамат Хамурзов

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Хъуащ си къэшэгъуи, зыбжанэ щӏауэ,

Цӏыхум хуэмыхьыр ди деж сагъэхь.

Сщӏынур сымыщӏэу нобэ щыкъуанэ,

Къуажэ фызыжьым саныхоплъыхь.

Припев:

И анэ еплъи ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь!

Фыз къыщытшэм утщогъупщэж, уой.

И анэ еплъи ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь!

Фыз къыщытшэм утщогъупщэж.

Нанэхэр дыщэщ, дагъуэ ямыӏэ,

Укъимыкӏуэту малъхъэ захуэщӏ.

Екӏухэщ, зэкӏужхэщ хуэдэ щымыӏэ,

Уи нэр уфӏыцӏи ӏэпэ яхуэщӏ!

Припев.

И анэм ещхьу къэсшащ нысащӏэ,

Ныбжьэгъухэм жаӏэ: «Къыхиудащ»!

И жьэр зэщӏихым дыкъыхегъащӏэ,

Жьантӏэри пасэу плъапӏэ тфӏищӏащ.

Припев.

Сщӏащ сэ щхьэгъусэ зыбжанэ щӏауэ,

Цӏыхум хуэмыхьыр абы сегъэхь!

Ещхькъым нысащӏэр зыкӏи и анэм,

Уфӏэфӏыхункӏи щӏы уэ хэплъыхь!

Припев.

Хъуащ си къэшэгъуи, зыбжанэ щӏауэ,

Цӏыхум хуэмыхьыр ди деж сагъэхь.

Сщӏынур сымыщӏэу нобэ щыкъуанэ,

Къуажэ фызыжьым саныхоплъыхь.

Припев.