Адыгэ пщащэ (Щхьэц фӏыцӏэ ӏувым мазэгъуэ жэщу)

Автор - Хасан Сохов

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Щхьэц фӏыцӏэ ӏувым мазэгъуэ жэщу

И нэ фӏыцӏитӏыр вагъуэу къыхэщмэ, ей.

Мыщӏэхум ещхьу щынэдзэ хужьхэр

Ӏупэплъым мащӏэу къыпхущӏигъэщмэ, ей.

Припев:

Тхьэрыкъуэ пщэхуурэ,

Пцӏащхъуэ бгъэгухумэ,

Адыгэ пщащэу щауэм и щӏасэрщ, ей.

Пщы гуащэ щӏыкӏэрэ,

Псым тес къыу хужьу,

Кӏуэкӏэ зэкӏужмэ – адыгэ пщащэщ, ей.

Бзылъхугъэу щыӏэм я нэхъ дахащэм

Щауэ къуданхэм пшэрыхь хущанэ, ей.

И ӏэгу и ӏэнэу нэмыплъ имыӏэу,

Гъунэгъуу иӏэр фӏыкӏэ хуохъуахъуэ, ей.

Припев.

Нанэ ӏущащэу щхьэ тепхъуэ лъабжьэм,

Къуэ – бын щы бынкӏэ щэхуу йохъуэхъур, ей.

Щауэр лэгъунэм гурыщӏэ ӏэфӏкӏэ,

Зэшу зыпэплъэр адыгэ пщащэрщ, ей.

Припев.