Лъагъуныгъэм и мэкъамэ

Слова - Анзор Хаупа

Музыка - Мадина Кертиева

ТЕКСТ:

Жэщ мэзагъуэр уэгум итурэ, уэ си пщӏыхь ухэт зэпытурэ

Нэхур мэщри пщӏыхьу уэ усӏэщӏокӏ.

Уэ уи нитӏым сегупсысурэ щхьэ хуимыту сыпхуэусэурэ

Семызэгъыу жейм сэ нэху сыкъокӏ.

Припев:

Лъагъуыныгъэ макъамэ сигум уэ пхуиусамэ

сфӏощӏ ныпхуэпӏащэу ар къоӏущащэу.

Гум къиӏукӏ псалъэ дахэм егъэнэхур си махуэр уэ уи лъыхъуакӏуэ ар нызогъэкӏуэ.

Ди блэкӏахэм сыкӏэлъыплъурэ, ди зэӏущӏэм сыныпэплъэурэ

Махуэм щӏыгъуу махуэр сэ изогъэкӏ.

Сыкъэпщӏэну сыщыгугъыурэ, узмылъагъум псэкӏэ сыгъыурэ

Гулъытэншэу нобикӏ уэ укъызблокӏ.

Припев.

Уи сурэтыр псэкӏэ згъафӏэурэ къыщӏэнауэ сигум мафӏэри

Мы уэрэдыр тыгъэ уэ ныпхузощӏ.

Пщӏыхькӏэ уэ сынодэхащӏэурэ жэщ мыухри псэм фӏэмащӏэурэ

си насыпыр уэ зырауэ къысфӏощӏ.

Припев.

Источник: www.oredade.ru