Тхьэмпэхэр похуж

Слова - Арсен Гергов

Музыка - Заур Жириков

Исполнители: Асланби Шекихачев и Майя Бесчокова

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Дыгуъасэ хуэдэт тхьэмпэ щхъуантӏэр жыгхэм я фащэу щыщытар.

Къудамэ псомкӏи си щхьэгъубжэм иджы къыдоплъыр жыг пӏыщӏар…

Ар гъащӏэм иӏэщ хабзэ пхъашэу – зи пӏалъэ икӏыр мэкӏуэдыж,

Ауэ къыщӏэхъур сыт пӏалъэншэу узэплъэкӏыхукӏэ вагъуэр щиж…

Мес жыгхэм тхъэмпэр япохуж, тхьэмпэр япохуж…

Мес жьыбгъэм тхьэмпэр епхъэнкӏыж, тхьэмпэр епхъэнкӏыж…

Си гукъэкӏыж, си гукъэкӏыж, си гукъэкӏыж, уэ сынолъэӏур

Гъатхэ щхъуантӏэр къысхуздэхьыж, къысхуздэхьыж…

Къэбгъэзэжынущ сощӏэ, бжьыхьэ, ауэ пфӏэфӏыхукӏи къэгъэзэж.

Къэбгъэзэжыхукӏэ гущӏэм щӏыхьэу щӏэрыщӏэу пщӏащэр пощэщыж