Адыгэ

Исполнители: Анзор Хусинов

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Припев:

Адыгэ уей-уей!

Нартыжь лъэпкъым

Дыращӏэблэщ,

Дырабынкъэ!

Адыгэ уей-уей!

Ди уэрэдым

Фыкъежьут,

Си адыгэ!

Си щӏыналъэм, жэнэт лъахэм

Дырогушхуэ, догъэлъапӏэ.

Дэнэ щӏыпӏи щыцӏэрыӏуэ

Хабзэ дахэр дэ дохъумэ.

Припев.

Ди намысыр, адыгагъэр

Ди лъым хэту дыкъагъэхъур.

Ди нэхъыжьхэм я чэнджэщхэм

Дыщӏодэӏур, дыщӏапӏыкӏыр.

Припев.

Хьэщӏэ къакӏуэм догъэлъапӏэ

Игу фӏы илъым дыдоӏыгъыр.

Мурад ӏейкӏэ дяужь къихьэм

Дызэкъуэту дапоувыр.

Припев.