Уи дахагъэр

Слова - Джабраил Хаупа

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уи теплъэ дахэр,

Уи теплъэ дахэр

Си нэгум щӏэкӏыркъым, уей.

Дыгъэр къыщӏэкӏмэ,

Уэра сфӏэщӏурэ

Си гъащӏэр макӏуэ, уей!

Уэ уи дахагъэм,

Уэ уи дахагъэм

Гъатхэр доушэри, уей.

Сыкъэушами

Пщӏыхь усфӏэщӏурэ

Си гъащӏэр макӏуэ, уей!

Уэрэд сыусми,

Уэрэд сыусми

Си псэр дэпсэхуркъым, уей.

Псэхупӏэу сиӏэр

Уэра сфӏэщӏурэ

Си гъащӏэр макӏуэ, уей!

Источник: @zhygue

Слушать бесплатно

ключевые слова: дэхагъэр, щ1эк1ыркъым