Зы уэрэдщ иджы ар

Слова - Surhay

Музыка - Ben Maker

Исполнители: Surhay

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Дэ хужь жыт'ӏэхукӏэ, фэ фӏыцӏэ жыф'ӏащ.

Фыубыдри ди уафэр щхъуэм иф'ӏащ.

Цӏыхугъэ жызыӏэм еуэ, мыр даурэ хабзэ?

А лъы зыкӏэрылъ фи ӏэхэр уэркӏэ ӏейуэ къабзэ?

Тхьэрыкъуитӏ мэлъатэ вагъуэхэм хуэфӏу.

Я щьхьэхэр къэӏэтау, я дамэр хужьу.

Тхьэрыкъуэхэм ӏэщэр, фочыр пэлъэщакъым.

Яужь ихьахэ щхьэкӏэ, я цӏэр хуэлъэщӏакъым.

Лӏэныгъэр токӏуэ, мис, ныджы лъагъуныгъэм.

И дамэр мэкъутэри зы тхьэрыкъуэ къохуэх.

Псэуныгъэм зыщимыгъэнщӏау щӏым щылъу.

И ӏэхэр щӏыӏэу, щӏы щӏагъыр кӏыфӏу ныджы.

Лӏар фэращ, ар мэпсэу; фэр нэхърэ нэхъ пэжщ,

Фэр нэхърэ нэхъ щыӏэщ.

Лӏар фэращ, ар мэпсэу.

Мы псалъэр сызыгъэтхри абы и ӏэщ.

Лӏар фэращ, ар мэпсэу; фэр нэхърэ нэхъ пэжщ,

Фэр нэхърэ нэхъ щыӏэщ.

Лӏар фэращ, ар мэпсэу.

Мы псалъэр сызыгъэтхри абы и ӏэщ ныджы.

Лӏар фэращ, ар мэпсэу; фэр нэхърэ нэхъ пэжщ,

Фэр нэхърэ нэхъ щыӏэщ.

Лӏар фэращ, ар мэпсэу.

Мы псалъэр сызыгъэтхри абы и ӏэщ.

Зы уэрэдщ ныджы ар, ныкъуэу къагъэнау.

Зы мафӏэщ жэщ кӏыфӏым и кум щыщӏэдгъэнау.

Зы бгъэщ ныджы ау уафэм хэнау.

И гъащӏэр нимыгъэсыфу банэхэм фӏэнау.

Ӏэщэ иӏыгътэкъым, лъы кӏэрылътэкъым и ӏэхэм.

Сощӏэ, фи ӏуэху къемыкӏу хэлът абы жиӏэхэм.

Нэхъ нэхуу зы дуней хуейт, арат и ягъэр?

Куэдым нэхърэ нэхъ ищӏэт сытми адыгагъэр.

Уемыхъуэн кӏыщӏэ ныджы тӏорэ гупсысэ.

Дыхуэныкъуэкъым жып'ӏэнухэм, пэжым ухуеймэ.

Фӏы жумыӏэнум гъэбыдэ ныджы уи жьэ фӏейр уэ,

Цӏыхугъэр зыхэлъхьэ "дызэкъуэтын" ухуеймэ.

Ди ӏэштӏымыр щыткъузым а кхъуэхэри къэщтэнщ.

Дышынэу дыпсэуным, лӏэныр нэхъ къэтщтэнщ.

Ди гугъэмкӏэ, ди гъащӏэр тӏэкӏу пуду фэтщащ.

Зы жыг хэттӏэри и цӏэр Нартан фӏэтщащ.

Зыщумыгъэгъупщэ...

Источник: https://www.youtube.com/user/surhay1903