Хъуэхъу

Слова - А. Тлегурова

Музыка - Т. Хацаев

Исполнители: Тимур Хацаев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Нобэ гуфӏэгъуэр бдэтӏэту

Ущалъхуа махуэм дохъуэухъу,

Адыгэ хабзэр бгъэкӏуату

Цӏыхугъэр гъуазэ пхурехъу.

Припев:

Нэхъыжьым игу уеӏэфӏэкӏыу,

Нэхъыщӏэм хуэпщӏу гукъэкӏ,

Уи жьэгум фӏыгъуэр дэмыкӏыу

Тхьэм упсэуну плъигъэкӏ.

Уи махуэ лъапӏэм зыдищӏу

Мазэщӏэм нащхьэ къыпхуещӏ,

Жьы къабзэм зыпщимыгъэнщӏу

Псэм фӏэфӏу ӏэплӏэ къыпхуещӏ.

Припев:

Нэхъыжьым игу уеӏэфӏэкӏыу,

Нэхъыщӏэм хуэпщӏу гукъэкӏ,

Уи жьэгум фӏыгъуэр дэмыкӏыу

Тхьэм упсэуну плъигъэкӏ.

Уэрщ зыдэгъагъэр ди щӏыгур,

Цӏыхугъэ нэсыр зи щӏыхь.

Уэращ щӏэжьейхэр щӏэджэгур,

Дыгъэм и нурыр зыхуихь.

Припев:

Уи узыншагъэм хэмыщӏу,

Уи гъащӏэр дахэ ирехъу.

Псэр лъагъуныгъэ щымыщӏу

Насыпыфӏащэ урехъу.

Источник: oredade.ru