Ди хьэгъуэлӏыгъуэщ
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Ди нысэ цӏыкӏур дыгъэ нэгу къабзэу,
Нур къыщхьэщехыр, уей.
Зэхэдублащи, лъэпкъ зэрихабзэу,
Ди хьэгъуэлӏыгъуэщ, уей.
Припев:
Ди хьэгъуэлӏыгъуэщ, уорайда, уорайда.
Дэ ди гуфӏэгъуэщ, уорайда, уорада.
Ди хьэгъуэлӏыгъуэм, уорайда, уорайда,
Фыкъытхуеблагъэм, уорайда, уорайда,
Фыкъытхуеблагъэмэ, фыщӏегъуэжынкъым, уей.
Дадэ жьакӏэхухэр жьантӏэм къыдэсу,
Хъуэхъухэр яӏэтыр, уей.
Ди щӏалэгъуалэм джэгум щыхасэу,
Ӏэгур яӏэтыр, уей.
Припев.
Ди пщащэ пщэхухэу, дахэу зэкӏужхэр
Къыддощӏэращӏэр, уей.
Фӏыгъуэ уэрэдыр къраш нэхъыжьхэм,
Иӏэту гущӏэр, уей.
Припев.
Ди нысэ дахэу фӏыгъуэ къэзыхьым,
И гугъэр къабзэу, уей.
Лэгъунэ хуитым насыпыр щӏихьэу,
Гур мэбзэрабзэ, уей.
Припев.
Источник: @zhygue
ключевые слова: хьэгъуэл1ыгъуэщ