народная песня
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Ядэр Зэхьэджокъуэт,
И къуэри Чэрэчанэ гущэти, уэ, щэджащэт!
Ар езыр щэджащэт,
Ареда, нартхэ я лъагъуэ гущэми, уэ, урокӏуэ!
Ядэмэ и унэмэ,
А дуней, хъанышхуэ шу гущэхэри, уэ, щепсыхырт.
Истамбыл къраххэр,
А дуней, щӏэмылъэӏуххэ гущэуи, уэ, зрат.
Дзэшхуэм уащыхэткӏэ,
А дуней, упщӏэж и бащэ гущэри, уэ, къыуахьэлӏэрт.
Ар бгъэ мэжэщӏалӏэт,
А дуней, бийхэм я ӏуащхьэ гущэми, уэ, ноущэ.
Хуарэжьмэ, уэ, уэ, тести,
А дуней, къутас пщӏэхэлъ гущэти, уэ, мэдалъэ.
Къуажэм щамылъагъу,
А дуней, мы щӏыпӏэ жыжьэ гущэми, уэ, щӏоупщӏэ.
Жанхэр ираупщӏэри
Жырмэ къыхапсыхьыкӏ гущэри, уэ, зи шащхьэ.
Лӏыхъумэ я щхьэнэпкъхэр,
А дуней, тхутезыкъутэ гущэри, уэ, зи джатэ.
Зауэшхуэм хокӏуатэри,
А дуней, я нэпкъпэпкъ гущэри, уэ, дегъакӏуэ.
Хъанмэ деж догъакӏуэри
И жьэмэ къыжьэдэкӏ псо гущэри, уэ, къыхуещӏэ.
Зекӏуэшхуэри къащӏ,
А дуней, Лъэпщыр зи къан гущэми, уэ, къеухуэ.
Ар нэбэжэ кӏэхухэри,
А дуней, сэгъындакъышэ гущэми, уэ, здешэ.
Источник: книга З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр".