ТЕКСТ ПЕСНИ:
Ди адыгэ лъэпкъым гуауэу
Илъэгъуар пхуэмыгъэвын.
Хэкӏуэдащ цӏыхушхуэ зауэм,
Мелуанкӏэ пхуэмыбжын.
Къэнэжар дымащӏэ дыдэщ,
Дуней псэум зэбгырыпхъащ.
Сэ сошынэр дыкӏуэдыну,
Зыщӏызыфхуэзгъазэр арщ.
Припев:
Сигур бампӏэм зэгуеудыр,
Согупсысыр махуэ къэс.
Сыт дызэрыхъуар адыгэр?
Япэм жедгъэӏау "черкес".
Ди адыгэ лъэпкъым дауикӏ
Сытым щыгъуи диӏэщ лӏыфӏ.
Дуней псэум дыщыцӏэрыӏуэу
Дгъэлъыхъуэнут дэр нэхъыфӏ.
Ауэ иджырей зэманым
Зэӏыхьауэ сфӏощӏыр куэд.
Нэмыс-хабзэ ямыщӏэжу
Жьгъей хъуауэ, мес, мэкӏуэд.
Припев.
Лъэпкъыр узыншэну хуеймэ,
Ифӏыр ирегъэлъэпӏэж.
Дэӏэпыкъуи щапхъэ щӏыи,
Утыку къилъхьэ псалъэ пэж.
Уадыгэу зыплъытэжмэ,
Напэ уиӏэмэ улӏыфӏщ.
Лъэпкъым ипщӏэр лъагэу пӏыгъым,
Уогъэбагъуэр абы ифӏ.
Припев.
Адыгэ хабзэу псынэпсу къабзэр
Дывмыгъэутхъуэу дывгъэӏыгъыжи,
Дэ ди анэбзэу адыгэбзэр
А фӏыгъуэ псэуми тӏурывгъэлъыжи.
Мис абы щыгъуэщ адыгэ лъэпкъым
И ӏуэхур дахэу зыщиужьынур.
Мис абы щыгъуэщ щыжытӏэ хъунур,
Адыгэр зеикӏ мыкӏуэдыжыну.