Гъатхэ пшыхь дахэ

Исполнители: Азамат Беков

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Гъатхэ пшыхь дахэм уэгум ис вагъуэр

Уи нитӏым ещхьу сфӏощӏ.

Гъащӏэр согъакӏуэр, сигум кӏуэ лъагъуэр

Уэ нэрылъагъу пхузощӏ.

Бзум я уэрэдыр жыжьэу зэхэсхым,

Уи псалъэмакъыу сфӏощӏ.

Дунейм сытетым, узигъусэну

Тхьэлъанэ уэ пхузощӏ.

Пщэдджыжь дыгъэпсыр пэшым къыщӏидзэм

Укъысхуэгуфӏэу сфӏощӏ.

Псынэпсу къабзэу гухэлъ пхузиӏэм

Уэ уи сурэтыр къощ.

Сыщызэхэпхым къыщӏэдэӏукӏи

Пщымыгъупщэныр зыщ —

Напӏэр зэтесхрэ, узиӏэпэгъумэ,

Уэр щхьэкӏэ си псэр стынщ!

Источник: www.oredade.ru