Фыкъафэ, фыджэгу

Слова - Петр Кажаров

Музыка - Умар Тхабисимов

Исполнители: Хусен Маремуков 

Категории: кабардинские песни

Другие версии: Пщащэхэр, щауэхэр

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Нэхулъэм и пшынэщ, уэрэду дгъэшынур,

Гъащӏэщӏэм и бынхэм, уей-жи.

Пшынэбзэр мэушэр, уей-жи.

Шууейхэр къуданхэщ, уей-жи.

Джэгум ди ӏэгур толъалъэр,

Гур тхуэмыубыду мэлъатэр.


Пщащэхэр, щауэхэр,

Фыкъафэт, фыджэгут!

Уей-жи, фыкъафэт,

Уей-жи, фыджэгут,

Пщащэхэр, щауэхэр!


Уей, дадэ, къеблагъэ, гъэбжьыфӏэ ди джэгур,

Ди лъэгум къыщӏэплъэт, уей-жи.

Лъэм тетыр щауэщӏэщ, уей-жи,

Фӏэмащӏэщ утыкур, уей-жи.

Мысысу ди насып ӏэнэр,

Щӏылъэр ӏэнэгущи, фыкъафэ!


Пщащэхэр, щауэхэр,

Фыкъафэт, фыджэгут!

Уей-жи, фыкъафэт,

Уей-жи, фыджэгут,

Пщащэхэр, щауэхэр!


Пшынауэу си дыгъэ, гугъапӏэ сыпщӏынум,

Пшынэбзэр гъэпсалъэт, уей-жи,

Псалъэншэу си дахэр, уей-жи,

Къихьащи утыкум, уей-жи,

Гугъапӏэу сиӏэр а зырщи,

Уей-жи, ӏэгу жи, ныбжьэгъухэ!


Пщащэхэр, щауэхэр,

Фыкъафэт, фыджэгут!

Уей-жи, фыкъафэт,

Уей-жи, фыджэгут,

Пщащэхэр, щауэхэр! 

Источник: @zhygue

ключевые слова: гъащ1эщ1эм фыдээнут