Адыгэ нэмыс

Псалъэхэр зытхар Хьэнфэн А.

Исполнители: Амирхан Хавпачев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Адыгагъэ, адыгагъэ дыщэ,

Псэм и щӏасэу уи уэрэд яус!

Зэхэтыкӏэ щӏагъуэм и нагъыщэу,

Хабзэ дахэу, адыгэ нэмыс!

Адыгэ нэмыс, адыгэ нэмыс!

Хабзэ дахэу, адыгэ нэмыс!

Къытхуонурыр ар нэхущэ вагъуэу,

Ар цӏыхугум гуапэу къылъоӏэс!

Дэнэ лъахи нырырес уи лъагъуэ,

Хабзэ дахэу, адыгэ нэмыс!

Адыгэ нэмыс, адыгэ нэмыс!

Хабзэ дахэу, адыгэ нэмыс!

Иугъащӏэ ди зэхэтыкӏэфӏым,

Фӏыр дгъэлъапӏэу, зэтхыурэ фӏэхъус!

Къыпщырехуэ уэ дунейм и нэфӏыр,

Хабзэ дахэу, адыгэ нэмыс!

Адыгэ нэмыс, адыгэ нэмыс!

Хабзэ дахэу, адыгэ нэмыс!

Нэхъыжьыгъэ, нэхъыщӏагъэ фащэу,

Щэн-ӏэдэб нэхугъэ курыкупс!

Лъэпкъым и шыхулъагъуэ хэмыгъуащэ,

Хабзэ дахэу, адыгэ нэмыс!

Адыгэ нэмыс, адыгэ нэмыс!

Хабзэ дахэу, адыгэ нэмыс!

Источник: @zhygue