Гъатхэм ибзэ

Слова - А. Кешоков

Музыка - О. Кодзоков

ТЕКСТ:

Гъатхэм и бзэр хэт зымыщӏэр,

Гъыбзэм псалъи щӏремылъ.

И уэрэдыр зэхэзыхыр

Пӏэм нэху щауэ пхухэмылъ.

Гъатхэм и бзэм къуалэбзуи

Удзи хади щогуфӏыкӏ,

И уэрэдыр зэ жиӏамэ

Псэ зыӏутым ягу имыкӏ.

Гъатхэм и бзэр бзэ ӏэфӏыщэщ,

Си щӏэщыгъуэу нэху согъэщ.

Лъагъуныгъэм и уэрэдыр

Гъатхэм ибзэу щӏы уи фӏэщ.

Гъатхэр гуфӏэу къыӏуплъамэ

Щӏылъэ щхъуантӏэр мэхъур псэф,

Зэнэ зэпсэу фыпсэунум

Гъатхэм ибзэр зэвгъэщӏэф.

Источник: www.oredade.ru