Си дахэкӏей (Уджыр къыбогъажьэ)

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уджыр къыбогъажьэ,

Сигу илъ щэху къозгъащӏэу

Нэр зыхуэзгъэплъыз си дахэкӏей.

Жэщыр хэкӏуэтами,

Мазэр хэкӏуэдакъым,

Вагъуэ нитӏкӏэ уэ зэ къыдэплъей.

Пшынэ ӏэпэр лъаӏуэу,

Пшынэр гъуагъуэу, щатэу

Уиӏэм хуэжыӏэщӏэу къыдолъей.

Синэм укъеплъакӏуэу,

Сигу илъ псор къэпщӏатэм

Сипсэр псэхужынт, дахэкӏей.

Уджыр уогъэкӏащхъэ,

Сигур зыгъэщащэ

Къыпхуэзэш плӏанэпэм уогъэзэж.

Уиӏэр соутӏыпщыжыр,

Соплъми умыжыжьэ,

Ауэ шэчыгъуейуэ согъэшэч.

Хышхуэ лъагъуныгъэр

Къэукъубеяуэ

Сигур кхъуафэжьейуэ кърехуэкӏ,

Дуней сызытетыр

Схуэмыгъэбэяууэ,

Уэ сызэрыпщыщӏэр къызеӏуэкӏ.

Слушать бесплатно в исполнении Хаждала Кунижева

Ключевые слова: си дахэк1ей, си дахэкIей, си дахэкlей, жэщыр хэк1уэтами мазэр хэк1уэдакьм уи |эр соут|ыпщыжыр соплъри шэчыгъуеуэ согъэзэж