Сыножьэр уэ зым

Исполнители: Мухамед Нартоков

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Дыгъэпс нурыр тредзэр ди щӏыгу,

Пшагъуэ-пшагъуэу укъохьэ уэ сигу.

Сыхуэзэшу уи теплъэм сокӏуэкӏ,

Удзгъэгъауэ мы си гум укъокӏ.

Припев:

Лъагъунугъэ мафӏэу

Ӏэфӏ джэгур зыгъафӏэм

Сыножьэр уэ зым,

Сэ къысщохъу телъыджэ

Псэкӏэ сыпкӏэлъыджэу

Сыпхуэзэу уэ зым.

Псэм фӏэӏэфӏыр уэращ, дахэкӏей,

Сыпхуэзэну сыхуейщ сэ пщэдей,

Ауэ махуэр кӏэщӏыщэу къыщӏокӏ,

Гупсэхугъуэм аргуэру сыблокӏ.

Припев.

Кӏуэнущ гъащӏэр, дымыщӏэу блэкӏынщ,

Махуэ къэскӏэ уэ сигу укъэкӏынщ,

Дыгъэпс нурыр ди щӏыгу къыщепсыху

Мы уэрэдыр бжесӏэнщ сыпсэуху.

Припев.

Источник: oredade.ru