ТЕКСТ:
Сэ нобэ уэ сыногупсыс,
Зэхэсхыу уи бжэ макъыр сфӏощӏ,
Уи плъэгъуэ закъуи къыслъымыс,
Сыныпхуэзэшу си гур хощӏ.
Уи плъэгъуэ закъуи къыслъымыс,
Уэрыншэу сигур хощӏ.
Припев:
Уэ зызакъуэ укъызэплъмэ
Сэ къысфӏощӏ щӏэращӏэу мы дунейр,
Лъагъуныгъэм и фэеплъу
Дахэу щыӏэм сфӏощӏыр уралей.
Сыныпхуэзэну сыныдокӏ,
Сэ плъапӏэу сиӏэри уэращ,
Дызэӏумыщӏэу дызэблокӏ,
Уэрыншэу махуэри згъэкӏуащ.
Сэ узмыгъуэту дызэблокӏ,
Уэрыншэу махуэр кӏуащ.
Припев.
Си гъащӏэр мэхъур зэфэзэщ,
Уэрыншэу фагъуэщ мы дунейр,
Дызэпэӏэщӏэу мэхъур жэщ,
Пхуэсщӏынущ лӏыкӏуэ си пщэдейр.
Уэ успэӏэщӏэу мэхъур жэщ,
Укъызблэмыкӏ пщэдейр.
Припев.
Источник: www.oredade.ru