Сыкъэплъагъур пэжмэ
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Фи уэрамымкӏэ сыныблэкӏыурэ,
Куэдрэ сыкъэплъагъуурэ,
Сыкъэплъагъур пэжу щыт(ы)мэ,
Лъагъуныгъэм, си дахэ, сомыгъэхь.
Лъагэу уэгум зыщеӏэт(ы)ри
Бгъэжьым зегъэпагэрэ,
Уэри зыкъысхуэбгъэпагэурэ,
Ди насыпым, си дахэ, уемыпцӏыж.
Гъуэгум машинэ псынщӏагъуэхэр
Куэду щызэбложырэ,
Схузэблэжу щытми щауэхэр,
Нэ къуэлэнми, си дахэ, сыпхуэпэжщ.
Данэу бостеикӏэ цӏыкӏури
Сэ къыздоджэрэзырэ,
Уэ зыкъысхуэбгъэджэрэзурэ,
Сэ нэгъуэщӏкӏэ, дахэ, сомыхъуэж.
Источник: @zhygue
ключевые слова: уэрамымк1э