Мэлыхъуэ щӏалэм и тхьэусыхэ
народная песня
Исполнители: Зарамук Кардангушев
Категории: кабардинские песни
Другие версии: Мэлыхъуэ щӏалэм и гъыбзэ, Мэлыхъуэм и гъыбзэ
ТЕКСТ ПЕСНИ:
(Уо) мэлыхъуэ пщашэм шэр егъэпщткъэ, уо!
(Уо) мэлыхъуэ пщашэм шэр егъэпщткъэ, уо!
Сэ шэ гъэпщта тӏэкӏу мыгъуэми сыщӏобэгри, уо!
Уо, уо-уо-уо! уо, уо, уо,уо, уо!
Сэ мэлыхъуэ башыр си пӏэщхьагъкъэ, уо!
Сэ мэлыхъуэ башыр си пӏэщхьагъкъэ, уо!
Сэ къазыц пӏэщхьагъ мыгъуэми сыщӏобэгыр, уо!
Уо, уо-уо-уо! уо, уо, уо,уо, уо!
Сэ мэлыхъуэ ӏэнлъэр си уэншэкукъэ, уо!
Сэ мэлыхъуэ ӏэнлъэр си уэншэкукъэ, уо!
Сэ бацэ уэншэку мыгъуэми сыщӏобэгри, уо!
Уо, уо-уо-уо! уо, уо, уо,уо, уо!
Сэ ныжэбэ жэщым вагъуэр собжыр, уо!
Сэ ныжэбэ жэщым вагъуэр собжыр, уо!
(Уо) си мэлым и бжыгъэ гущэр хэт жесӏэну?
Уо, уо-уо-уо! уо, уо, уо,уо, уо!
Уо Алътудмэ и ӏуащхьэр (уи) ӏуащхьэшхуэщ, уо!
Уо Алътудмэ и ӏуащхьэр (уи) ӏуащхьэшхуэщ, уо!
Мо шуушхуэ къакӏуэ мыгъуэр Кушыкупщ къысфӏощӏ!
Уо, уо-уо-уо! уо, уо, уо,уо, уо!
Лэгъуп пкъо зэхуакум сыкъыдоплъыр, уо!
Лэгъуп пкъо зэхуакум сыкъыдоплъыр, уо!
Сэ си мащэр ятӏ мыгъуэурэ, уей, солъагъур!
Уо, уо-уо-уо! уо, уо, уо,уо, уо!
Источник: @zhygue
ключевые слова: щ1алэм