Автор песни Доган Кушха
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Она:
Хьэмосей гъуэгум шыгухэр щызэрызошэри,
Ӏумид сэ сишэнути уасэр имыгъуэт.
Фидей дыкъамыдэ мыгъуэм,
Дидей дамыдэж мыгъуэм,
Губгъуэр ди лэгъунэм
Даурэ дыхъужыну?
Припев:
Уэ, макӏуэ, макӏуэ,
Махуэхэр макӏуэ,
Уэ, макӏуэ, макӏуэ,
Ди гъащӏэр макӏуэ.
Он:
Си бжэн къуий цӏыкӏур зэрыгъэшыфӏэти,
«Щӏалэфӏкъым» жаӏэри Динэ сыхуауб.
И щхьэцыр щӏакӏуэмэ,
И кӏуэкӏэр дахэмэ,
И нэхэр нагъуэмэ,
Ар сэ си къэшэнкъэ!
Припев.
Она:
Цеищхъуэжь цӏыкӏур зэрыкӏэлъэфщи, жи
Уэ зиплъэфыхьурэ ди гъащӏэр макӏуэ,
Фидей дыкъамыдэ мыгъуэм,
Дидей дамыдэж мыгъуэм,
Губгъуэр ди лэгъунэм
Даурэ дыхъужыну?
Припев.
Он:
Динэ и дэхагъэм сыдимыхьэхщи,
Сэ сыдэзыхьэхыр и щӏыкӏэ дахэщ,
И щхьэцыр щӏакӏуэмэ,
И кӏуэкӏэр дахэмэ,
И нэхэр нагъуэмэ,
Ар сэ си къэшэнкъэ!
Припев.
Она:
Джэмыдэжьитӏым пкӏэ къуацэ ямыӏэ,
«Витӏ яӏэкъым» жаӏэри Ӏумид сырамыт.
Фидей дыкъамыдэ мыгъуэм,
Дидей дамыдэж мыгъуэм,
Губгъуэр ди лэгъунэм
Даурэ дыхъужыну?
Припев.
Он:
Си ныбжьэгъу щӏалэхэр сэ къызэмгугъу жи,
Сиадэ къызэгугъутэмэ сэ къэсшэфынут.
И щхьэцыр щӏакӏуэмэ,
И кӏуэкӏэр дахэмэ,
И нэхэр нагъуэмэ,
Ар сэ си къэшэнкъэ!
Припев.
Она:
Мыхъур ӏэлъынхэр къуагъкӏэрэ къызотыр.
Си уасэр къэпттэмэ, сыхьэзырыххэт.
Фидей дыкъамыдэ мыгъуэм,
Дидей дамыдэж мыгъуэм,
Губгъуэр ди лэгъунэм
Даурэ дыхъужыну?
Припев.
Он:
Чэсей хужь джанэр зэрыӏэгъуэпагуэщи,
Пщащэ хужь пагуэм сыногуэкӏуакъэ!
И щхьэцыр щӏакӏуэмэ,
И кӏуэкӏэр дахэмэ,
И нэхэр нагъуэмэ,
Ар сэ си къэшэнкъэ!
Припев.
Она:
Чэсей хужь джанэр зэрыщӏэращӏэти,
Щӏалэ щӏэращӏэм сыногуэкӏуакъэ!
Фидей дыкъамыдэ мыгъуэм,
Дидей дамыдэж мыгъуэм,
Губгъуэр ди лэгъунэм
Даурэ дыхъужыну?
Припев.
Источник: книга «Тыркуем ис адыгэхэр. Ӏорыӏуатэр»
Скачать MP3 в исполнении Догана Кушха и Сельмы Кенет
Ключевые слова: 1умидрэ Динэрэ я уэрэд, Iумидрэ Динэрэ я уэрэд, lумидрэ Динэрэ я уэрэд, фыдеж дыкъамыдэм, ди махуэр мак1уэ уэрэдыжь