Хэхэс пщащэ

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уфафэу хышхуэ пшыхь дэхащэщ

Пщӏыхьэпӏэм къыщыпӏущэщар,

Хэгъуэгу хуэпабгъэу уэ уи гъащӏэр

Адэ хэкужь и жэнэт щӏыгу.

Укъисшэжыну уэ нысащӏэу

Сыныпхуопӏащӏэр си къэшэн.

Укъисшэжыну уэ нысащӏэу

Сыныпхуопӏащӏэр си къэшэн.

Адыгэ пшынэр щыбзэрабзэм

Адыгэ фащэр щоуфэразэ.

Щауэ къуданхэр щхьэуназэ

Зыщӏ тхьэӏухудыр си къэшэнщ.

Щауэ къуданхэр щхьэуназэ

Зыщӏ тхьэӏухудыр си къэшэнщ.

Гъэмахуэ пшыхьым сещӏ гумахэ

Уэспыӏэ къуршхэм саӏуплъам.

Уэгу дыхьэрэныр пшэхь дыщафэу

Дыгъэ къухьам щытхуриӏам

Насып схуэхъунт уи адэжь лъахэ

Укъисшэжауэ щыслъэгъуам.

Насып схуэхъунт уи адэжь лъахэ

Укъисшэжауэ щыслъэгъуам.

Насып схуэхъунт уи адэжь лъахэ

Укъисшэжауэ щыслъэгъуам.

Адыгэ пшынэр щыбзэрабзэм

Адыгэ фащэр щоуфэразэ.

Щауэ къуданхэр щхьэуназэ

Зыщӏ тхьэӏухудыр си къэшэнщ.

Щауэ къуданхэр щхьэуназэ

Зыщӏ тхьэӏухудыр си къэшэнщ.

Си нэгу ущӏэтщ си дыгъэ-мазэ

Си гухэлъ къабзэр узогъэз,

Жэщ хъуарэ жейр нэм емызэгъыу

Уэ дахэращ сызыдэхъуар.

Си насып закъуэр зыдэслъагъуу

Си пщащэ нагъуэу си къэшэн.

Си насып закъуэр зыдэслъагъуу

Си пщащэ нагъуэу си къэшэн.

Адыгэ пшынэр щыбзэрабзэм

Адыгэ фащэр щоуфэразэ.

Хэхэс дунейр пхуэзмыгъэфащэ

Псэр зыхьэхуауэ си къэшэн.

Хэхэс дунейр пхуэзмыгъэфащэ

Псэр зыхьэхуауэ си къэшэн.

Щауэ къуданхэр щхьэуназэ

Зыщӏ тхьэӏухудыр си къэшэнщ.

Хэхэс дунейр пхуэзмыгъэфащэ

Псэр зыхьэхуауэ си къэшэн.

Источник: oredade.ru