Зыми зыри здихьыфакъым

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Гъащӏэм гу щихуауэ псэуху

Ехыжакъым дунейм цӏыху,

Гум зигъэнщӏми псэр мэхъуапсэ, уей.

Гъащӏэр зэщхьыр псы ӏубыгъуэщ

Е зэ напӏэ дэхьеигъуэщ,

Псэм зигъэнщӏми, нэр мэхъуапсэ, уей.

Припев:

Фыщымыуэ фымыпӏащӏэ,

Зыми зыри здихьыфакъым,

Зыми зыри здихьыфакъым, уей.

Нэкӏэ флъагъур къыфхуэмыщтэу,

Ӏэкӏэ къафщтэр ффӏэхъуу мащӏэ

Гужьеяу фымыхь фи гъащӏэр, уей.

Гъащӏэм щилъэгъуауэ зыхуейр

Зыми жиӏэфакъым зэи,

Насыпыфӏэри мэхъуапсэ, уей.

Хэти хъуауэ жьыщхьэмахуэ,

Хэти и щӏалъэгъуэр дахэу

Гъащӏэм докӏуэкӏыфхэр, уей.

Припев.

Гъащӏэр кӏэщӏу щымытам,

Жьыгъэр гъащӏэм щымыӏам

Ди щӏалъэгъуэм къыпищэнут, уей.

Гъащӏэм дыдекӏуэкӏыфам,

Ди акъылыр пэлъэщам,

Зым и жагъуи тхуэмыщӏынут, уей.

Припев.