Уэрщ си дамэр

Псалъэхэр зытхар - Шэджыхьэщӏэ Хь.

Макъамэр зытхар - Щомахуэ Хь.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Къыдоушыр нэхущ бзум махуэщӏэр,

Дыгъэ бзийхэр щӏылъэм къытопсэж.

Уэ а псор уи фӏыщӏэуэ къысфӏэщӏу,

Псэм и хъуахуэ, уэ сыныпӏуоплъэж.

Сэ, уэрыншэм, сыдамэншэ къабзэщ,

Уэрщ си гъащӏэ дамэр, фӏыуэ слъагъу,

Сыхьи лъагъуныгъэм и уэгу къабзэм

И дахагъэ псори сыгъэлъагъу.

Сэкъысфӏощӏыр пхуэсщӏ гулъытэр мащӏэу,

Къыпхуэзгъэщӏми гъащӏэ махуэ къэс.

Лъагъуныгъэр, лъагъуныгъэр гуащӏэщ,

Уэ абы щысхьыншэу сомыгъэс.

Пшагъуэ щӏыӏэр си гум къыт(ы)рехуэ,

Си гугъапӏэр нэгум ущӏэкӏам.

Узигъусэм, дыгъэ нурщ си махуэр,

Си гур щтынт, уэ мафӏэу уимылъам.

Источник: @zhygue

ключевые слова: махуэщ1эр