Лъагъугъуафӏэ

Псалъэхэр зытхар: Щоджэнцӏыкӏу Н.

Макъамэр зытхар: Тубей Артур

Исполнители: Ауес Зеушев и Ольга Сокурова

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Гъатхэ хадэр къэгъэгъамэ,

Ар щӏэгъагъэр уэ зыращ,

Лъагъугъуафӏэ.

Насыпитӏыр зэхубошэр,

Насыпитӏыр уощӏыр зы,

Лъагъуныгъэ.

Мазэр жэщкӏэ дыгъэу плъагъумэ,

Лъагъуныгъэм урикъанщ,

Лъагъугъуафӏэ.

Насыпитӏыр зэхубошэр,

Насыпитӏыр уощӏыр зы,

Лъагъуныгъэ.

Зэныбжьэгъухэр щеуджэкӏкӏэ,

Уахэмытым си гур хощӏ,

Лъагъугъуафӏэ.

Насыпитӏыр зэхубошэр,

Насыпитӏыр уощӏыр зы,

Лъагъуныгъэ.

Уи щхьэцышхуэр лъапэм тоуэр,

Ди гум къеуэр зэдищэхущ,

Лъагъугъуафӏэ.

Насыпитӏыр зэхубошэр,

Насыпитӏыр уощӏыр зы,

Лъагъуныгъэ.

Махуэр бзыгъэу, дыгъэр гуфӏэм,

Тӏуми ди гум жьы егъуэт,

Лъагъугъуафӏэ.

Источник: @zhygue

ключевые слова: лъагъугъуаф1э