Мысырокъуэм и уэрэд (Версия 2)

народная песня

Исполнители: Инал Абаза

Категории: кабардинские песни

Другие версии: Версия 1

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Мысырокъуэр щӏалащэмэ, раией, ахьаи-раией,

Дахэ кӏуэгъурэ къызекӏуэт, е-ей, Мысырокъуэ.

Дахэ кӏуэгъурэ къызекӏуэмэ, раией, ахьаи-раией,

Нэгъуей шыбзым яхохьэ, е-ей, Мысырокъуэ.

Нэгъуей шыбзым яхыхьэмэ, раией, ахьаи-раией,

Шыбз хакӏуапщӏэр къахехур, е-ей, Мысырокъуэ.

Шыбз хакӏуапщӏэр къахихумэ, раией, ахьаи-раией,

Нэгъуеихьэр мэбанэ, е-ей, Мысырокъуэ.

Нэгъуеихьэр щыбанэкӏэ, раией, ахьаи-раией,

Нэгъуей гуащэм зэхехыр, е-ей, Мысырокъуэ.

Нэгъуей гуащэм зэхихымэ, раией, ахьаи-раией,

Нэгъуеипщым жыреӏэ, е-ей, Мысырокъуэ.

Нэгъуеипщым жыриӏэмэ, раией, ахьаи-раией,

Нэгъуеидзэр къопхъэрыр, е-ей, Мысырокъуэ.

Нэгъуеидзэр къэпхъэрымэ, раией, ахьаи-раией,

Япэ итым девгъауэ, е-ей, Мысырокъуэ.

Япэ итым девгъауэмэ, раией, ахьаи-раией,

Япэ итыр тхьэмадэ, е-ей, Мысырокъуэ.

Япэ итыр тхьэмадэмэ, раией, ахьаи-раией,

Якум дэтым девгъауэт, е-ей, Мысырокъуэ.

Якум дэтым девгъауэмэ, раией, ахьаи-раией,

Якум дэтыр щӏэлащэт, е-ей, Мысырокъуэ.

Якум дэтыр щӏэлащэмэ, раией, ахьаи-раией,

Яужь итым девгъауэт, е-ей, Мысырокъуэ.

Яужь итым девгъауэмэ, раией, ахьаи-раией,

Щӏалэ пащӏэр къыфӏедзэ, е-ей, Мысырокъуэ.

Щӏалэ пащӏэр къыфӏидзэмэ, раией, ахьаи-раией,

Шитӏыр дедзэри къеутӏыпщи, е-ей, Мысырокъуэ.

Шитӏыр дидзэу къиутӏыпщымэ, раией, ахьаи-раией,

Мысырокъуэр къопсыхыр, е-ей, Мысырокъуэ.

Мысырокъуэр къепсыхымэ, раией, ахьаи-раией,

И адэ цӏыкӏум жетӏэнти, е-ей, Мысырокъуэ.

Уи адэ цӏыкӏум жетӏэнути, раией, ахьаи-раией,

Сытыр жытӏэу жетӏэну, е-ей, Мысырокъуэ.

Си адэ цӏыкӏум щыжефӏэкӏэ, раией, ахьаи-раией,

Уӏэгъэ тӏэкӏуу сыжефӏэ, е-ей, Мысырокъуэ.

Уи анэ цӏыкӏум жетӏэнути, раией, ахьаи-раией,

Сытыр жытӏэу жетӏэну, е-ей, Мысырокъуэ.

Си анэ цӏыкӏум щыжефӏэкӏэ, раией, ахьаи-раией,

Уӏэгъэ кӏуапӏу сыжефӏэт, е-ей, Мысырокъуэ.

Уи шыпхъу цӏыкӏум жетӏэнути, раией, ахьаи-раией,

Сытыр жытӏэу жетӏэну, е-ей, Мысырокъуэ.

Си шыпхъу цӏыкӏум щыжефӏэкӏэ, раией, ахьаи-раией,

Гъэбзэхауэ сыжефӏэт, е-ей, Мысырокъуэ.

Уи щхьэгъусэ цӏыкӏум жетӏэнути, раией, ахьаи-раией,

Сытыр жытӏэу жетӏэну, е-ей, Мысырокъуэ.

Си щхьэгъусэ цӏыкӏум щыжефӏэкӏэ, раией, ахьаи-раией,

Щымыӏэжыхэу сыжефӏэт, е-ей, Мысырокъуэ.

Уи адэ цӏыкӏум щыжетӏэми, раией, ахьаи-раией,

Тэджмэ кӏантӏу къожажьэ, е-ей, Мысырокъуэ.

Уи анэ цӏыкӏум щыжетӏэми, раией, ахьаи-раией,

Гъуэгмэ пахьу къожажьэ, е-ей, Мысырокъуэ.

Уи шыпхъу цӏыкӏум щыжетӏэми, раией, ахьаи-раией,

Дыщэ паӏэр хыфӏедзэ, е-ей, Мысырокъуэ.

Уи щхьэгъусэ цӏыкӏум щыжетӏэми, раией, ахьаи-раией,

Данэ къазым хобанэ, е-ей, Мысырокъуэ.

Данэ къазым хэбанэмэ, раией, ахьаи-раией,

Данэ къазыр зэфӏедзэ, е-ей, Мысырокъуэ.

Данэ къазыр зэфӏидзэмэ, раией, ахьаи-раией,

Данэ щхьэцым хобанэ, е-ей, Мысырокъуэ.

Данэ щхьэцым хэбанэмэ, раией, ахьаи-раией,

Ӏэмэ щӏизу къырехыр, е-ей, Мысырокъуэ.