Зугъэд и гъыбзэ | Версия 2

народная песня

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Мы бэлницэм сыздыщӏэлъым пшынэ макъ къыщоӏу.

Хэт и нысэ ирашыжыр? - сыщӏоупщӏэр сэ.

Уигу гъэбыдэ жаӏэурэ, зыгъэбыдэ жаӏэурэ,

Фӏыуэ плъагъум фыз къишауэ унэ ирашыж.

Фи уэрамым сынырокӏуэ услъэгъун къысфӏощӏ.

Фи куэбжэпэм сыныӏуохьэ укъыдэкӏ къысфӏощӏ.

Сыт фыдежхэм сыщӏамыдэр?

Сыт си лажьэр сэ?

Уэ уи анэр бгъэгуфӏащ,

Уэ щхьэгъуси къэбгъуэтащ.

Сигум илъыр уэ къэпщӏатэм,

Уигу къысщӏэузынт.

Мы бэлницэм и щхьэдыдэм сэ сыдырашей,

Лъагъуныгъэу гур зыкъутэр ныскӏэлъыдокӏуей.

Сытым щхьэкӏэ пуд сыпщӏа,

Лъагъуныгъи сыбгъэщӏа?

Лъагъуныгъэу сыбгъэщӏами ажал уз хэсхат.

Сэ сылӏауэ сыщыдахкӏэ япэу сыкъэӏэт.

Мащэ зэвым сыщынэскӏэ япэу къысӏуплъэж.

Сэ уэ зыкӏэ сынолъэӏу, ар уэсяти уэ пхузощӏ

Уи унэцӏэм сицӏэр пытхи сыным нытетхэж.