Бжьыхьэ гъуэплъым псалъэу къыхэсха

Автор - Бетал Бахов

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Бжьыхьэ гъуэплъым псалъэу къыхэсхар

Си гур пхузэӏусхри къыдэсхащ,

Жэщыр сэ щӏэзмыгъэжейр

Уэркӏэ щэхукъым, дахэкӏей,

Ауэ сщощӏ зэшыгъуэ мы дунейр.

Мазэм бзийкӏэ щӏылъэр зэхетхыхь,

Вагъуэхэм фи пщӏантӏэр зэпаплъыхь,

Си гупсысэр хъуауэ пщтыр

Уи щхьэгъубжэм сриплъырщ,

Ди зэхуакуми жэщыр щомамыр.

Пӏалъэу къызэптари блэкӏуэтащ,

Нэкӏэ уи бжэм усэ нытестхащ,

Сэ къызэджэу щытыгъа,

Уи пшынэбзэр щхьэ кӏуэда,

Е нэгъуэщӏ пшынэбзэм уихьэхуа?

Нэхущ бзум и макъыр жыжьэу къоӏу,

Гугъэр уи щхьэгъубжэм нысфӏоуӏу,

Си псэр пщӏыгъуу унэм щӏэтщ,

Гухэлъ батэр схуимыкӏуэт,

Сэр нэмыщӏ уи жейм щыбгъафӏэр хэт?

Источник: книга Адыгэ пщащэр къофэ

Слушать бесплатно в исполнении Черима Нахушева

ключевые слова: намыщ1 уижейм щыбгъафар щыбгъафlэр щыбгъаф1эр щыбгъафiэр