Мэлыхъуэ уэрэд

Псалъэхэр зытхар Щоджэнцӏыкӏу Н.

Исполнители: Аслан Бекулов

Категории: кабардинские песни

Другие версии: Мэлыхъуэм и уэрэд

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Къуэкӏыпӏэ пшэплъыр зи нэгу щӏыкӏафӏэу

Насыпкӏэ гуашэ, уей.

Щӏакӏуэр зи унэурэ мэлыхъуэ цӏыкӏумэ

Ухуэмыпхъашэ, уей.

Махуэм, жэщ кӏыфӏхэм си закъуэ дыдэу

Ӏэщхэм сахэткъэ, уей.

Уэ сигу укъихьэмэ, си дахэ цӏыкӏумэ

Сыныпхуоусэ, уей.

Бжьамий шыхьахэр зи бжьакъуэ – дамэ,

Нэпкъым зивгуашэ, уей.

Удз зэмыфэгъухэурэ мэ ӏэфӏ зи бащэхэр

Лыурэ зытефлъхьэ, уей.

Уей, си ӏэхъушэр фехъурэхъуэкӏи

Псынэм фыкъефэ, уей.

Фи щӏэжьей шырхэми бухъар ятелъхэри

Бзэгукӏэ вгъэдахэ, уей.

Хыв шатэ щӏыкӏэу кӏапэр зещатэу

Бжьыхьэ фытехьэ, уей.

Хъерхэр зи бащэурэ, зи дагъэр маехэ,

Щэурэ фыбагъуэ, уей.

Уей, Парий кӏагуэ, хъупӏэр къещэкӏи

Щхъуэжьхэр тхуэгъащтэ, уей.

Ди ежьэжыгъуэми къэсащ и пӏалъэри,

Сакъыу хъумакӏуэ, уей.

Мэлыхъуэхьэжьхэр къэрэгъул щащӏэу

Мэл гъунэм щыткъэ, уей.

Мэлыпэм ситыурэ си къэшэн дахэмэ

Сыныпхуокӏуэжыр, уей.

Источник: @zhygue

ключевые слова: къуэк1ып1э