ТЕКСТ:
Адыгэ хабзэм хэзымыщӏыкӏыр
Къуршхэм еупщӏмэ, къыжраӏэнщ,
Адыгэ лӏыгъэр зыщӏэн зыфӏэфӏым
Джатэдзэм ӏуплъэм къыгурыӏуэнщ.
Ей, жи, си Адыгей,
Ей, жи, уэ си дуней,
Къежьут уэрэдым уэри, ныбжьэгъу,
Адэм зэранэкӏар,
Ноби зэдмыхъуэкӏар,
Гум и уэрэду бэм лъыреӏэс.
Адыгэ пщащэ умылъэгъуамэ,
Гъатхэ мазэщӏэм зэ худэплъей,
Адыгэ пшынэ зэ уедэӏуамэ,
Къыпхуэщӏэжынкъым здэщыӏэр жей.
Гъуэгуанэ жыжьэм утеувэнум,
Адыгэ щӏалэ гъусэ зыдэщӏ.
Адыгэ хэкур зэщхьыр къэпщӏэнум,
Гъэмахуэ дыгъэм плъапӏэ ныхуэщӏ.
Адыгэ напэр, дэ ди нэмысыр
Пщэдджыжь уэсэпсым уигъэлъагъунщ,
Ди хьэгъуэлӏыгъуэр уигум зэ нэсмэ,
Узыщыщ лъэпкъыр пщыгъупщэжынщ.
Источник: книга Бетала Бахова «Адыгэ пщащэр къофэ»