Сосрыкъуэ мафӏэ къехь

народная песня

Исполнители: Владимир Барагунов

Категория: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уо-уоредэ, уореда!

Армэ, Сосрыкъуапцӏэ,

Ежъыу: Уойра, уореда!

Армэ, лӏы фӏыцӏэ гъущӏынэ,

Ежъыу: Уо-уойра, уореда!

Мыдэкӏэ емынэ шу,

Нарт шухэр мэшэс!

Нарт шухэр щышэсым

Сосрыкъуэ къакӏэрыхущ.

Жэщибл-махуибл уаеми...

Уэ, назрищӏэкӏщ!

Нартыжъхэри игъэпӏыщӏэщ,

Уэ, езыхэри нызэупщӏыжщ:

- Уэ, Имыс, мафӏэ уиӏэ?

- Уэ, Сосым, мафӏэ уиӏэ?

- Жьынду Жьакӏэ, мафӏэ уиӏэ?

- Арыкъшу, мафӏэ уиӏэ?

- Уэзырмэдж, мафӏэ уиӏэ?

- Насрэн Жьакӏэ, мафӏэ уиӏэ?

- Ашэм икъуэ Ашэмэз,

Мафӏэ уиӏэ?

- Хъымыщ икъуэ Батэрэз,

Мафӏэ уиӏэ?

- Албэч икъуэ Тӏотӏэрэш,

Мафӏэ уиӏэ?

Нартыдзэгуэ ежьахэм

Мафӏэ зиӏэ къахэкӏкъым!

Анэм и къуитӏри тхьэусыхэщ:

Дэри дымыделатэмэ,

Сосрыкъуэ зыхэмытым

Дэри дыкъыдежьэнтэкъым!

Ар жаӏэрэ здэпытым...

Сосрыкъуи къэсащ.

- Уэ, Сосрыкъуапцӏэ,

Уэ, ди дыщэ лӏэужь,

Уэ, ди лӏэужьыфӏ,

Мафӏэ щхьа дызэтолӏэ!

- Ахьай, сэ сиӏэ, - жери,

Мафӏэр инуэ къахуищӏщ,

Дзэ псори щызэдекӏуэм...

Сосрыкъуи къагъэгубжьщ.

Мафӏэр зэхидзыжри

Ихьри псыми хидзэжащ.

Уэ, нартыжъхэр мафӏэншэуэ къыщынэм...

Мыр етӏани къолъэӏу:

- Армэ, ди Сосрыкъуэ,

Мыдэ, ди дыщэ лӏэужь,

Армэ, ди лӏэужьыфӏ,

Мафӏэ уиӏэм къытхуэщӏ! - жари.

- Уащхъуэ къан, симыӏэ,

Симыӏэми фхуэсщӏынщ! - жери,

И Тхъуэжъей зыредзри

Хьэрэмэ Ӏуащхьэ дожей:

Зы чэщанэ къуагуэжъым

Ӏугъуэ тӏэкӏу кърихууэ

Сосрыкъуи къилъагъури

Лъэс зищӏри къекӏуащэщ:

Уэ, мыр Инмэ и унэщ,

Ищхьэ-илъэ зэгъэкъуащ,

Мафӏэр икум илъыжщ,

Уэ Инри мэжей.

Сосрыкъуи къэкӏуэсэжри

Ар, ишми къеупщӏыжщ:

- Мырмэ, си Тхъуэжъей ажэ,

Жэрхэри зыщӏэмыхьэж.

Мыр Инмэ и унэщ,

Ищхьэ-илъэ зэгъэкъуащ.

Мафӏэр икум илъыжщ,

Уэ, Инри мэжей.

Уэ, си Тхъуэжъей ажэ,

Мафӏэр сыткӏи фӏэтхьын? - жи.

- Армэ, Сосрыкъуапцӏэ,

Армэ, лӏы фӏыцӏэ гъущӏынэ.

Мыдэ, емынэ шу,

Сэ си щӏыб къэшэс.

Сэ си шы лъэ макъым,

Хьэ лъэ макъ зезгъэщӏынщ.

Сэ си хьэ лъэ макъым

Джэду лъэ макъ зезгъэщӏынщ.

Хьэлъэ-фӏалъэ зизгъэуэнщи

Зы пхъэ дзакӏи къэддыгъунщ.

Сосрыкъуи къошэс,

Мыр, чэщанэми къокӏуащэ.

Уэ, и шы лъэ макъым...

Хьэ лъэ макъ зрегъэщӏ,

Уэ, и хьэ лъэ макъым

Джэду лъэ макъ зрегъэщӏ.

Хьэлъэ-фӏалъэ зырыгъаури

Зы пхъэ дзакӏи къадыгъущ.

Жэщибл-махуибл къэжауэ

Зы пхъэ дзакӏи къакӏэрыхущ.

Инмэ и куафэ трихьэщ,

Уэ, Инри къызыщыущ.

И пхъэ дзакӏэхэр къибжмэ -

Зы пхъэ дзакӏи къыхуэтщ.

- Си адэр къраухьэкӏщ,

Хэтхэ я бзаджэ къызэдыгъу?! - жери.

Зыдэщысым мыхъейуэ

Гъуэгущхьибл къызэпиӏэбыхьри -

Жэщибл-махуибл къэжауэ

Сосрыкъуэри къеубыдыж.

- Уэ, нартхэ я щауэ,

Уэ, нартхэ я шу,

Цӏынэгуэрэ усшхынкъэ,

Сосрыкъуэ здэщыӏэ жумыӏэм!

- Сосрыкъуи слъэгъуакъым,

И хъыбари зэхэсхащ.

Здэщыӏэ схуэмыщӏэ,

Ар зыщӏэни щымыӏэ!

- Здэщыӏэ пхуэмыщӏэми

И джэгукӏэ сыгъащӏэ!

- Айхьай, уэзгъэщӏэн! - жери,

Уэ, Инри къришажьэщ.

- Сосрыкъуэ жихуаӏэм,

Къапщыкъей лъапэ къагъэуври,

Абрэмывэ кърагъэжэхри,

Натӏэпэкӏэ пэщӏоуэри,

Нэхъ хуабжьыхэуэ дрехуеиж.

- Сэри агуэ сыгъэщӏ! - жи.

Сосрыкъуи дэжейри,

Абрэмывэ къригъэжэхщ,

Натӏэпэкӏэ пэщӏэуэри,

Нэхъ хуабжьыхэуэ дрихуеижщ.

Пхэ хьэмбытӏи къригъауэщ,

Уэ, Инри къызыщыужри:

- Мыри джэгукӏэ щӏагъуэщ,

Нэхъ щӏагъуэ пщӏэмэ сыгъащӏэ,

Натӏэпэ ихъу-ибжь иреху! - жери.

Иныжъри мэтӏахъуэ.

Сосрыкъуи тхьэм иукӏщ,

Инмэ и укӏыкӏэ хуэмыщӏэ.

- Нэхъ щӏагъуи уэзгъэщӏэнщ! - жери

Уэ Инри къришажьэщ.

- Сосрыкъуэ жыхуаӏэм,

Лъэгуажьэкӏэ къагъэтӏысри

Шэ хужьгуэ шэ щэщӏхэр

Жьэдэз хъуху жьэдадзэ,

Шащхьэр фӏегъэныщкӏукӏри

Шэкӏэр къызжьэдедзыж!

- Сэри агуэ сыгъэщӏ! - жери

Уэ, Иныжъри къэтӏысщ.

Ижьэ къригъэущӏщ,

Иным зыкъигъэщӏейри

Шэ хужьуэ шэ щэщӏхэр

Жьэдэз хъуху жьэдидзэщ,

Шащхьэр фӏигъэныщкӏукӏри

Шэкӏэр къыжьэдидзыжащ.

- Уэ, нартхэ я щауэ,

Мыри джэгукӏэ щӏагъуэщ.

Ӏу кӏуэцӏ ихъу-ибжь иреху,

Нэхъ щӏагъуэ пщӏэми сыгъащӏэ!

Сосрыкъуи тхьэм иукӏщ,

Инмэ и укӏыкӏэ хуэмыщӏэ.

- Нэхъ щӏагъуи уэзгъэщӏэнщ! - жи

Сосрыкъуэ жыхуаӏэм...

Ижьэ къеущӏри

Вабдзэ-фӏэбдз къагъэплъри жьэдадзэ.

И ныбэ щегъэупщӏыӏури

Зэкӏэ къыжьэдедзыж.

- Сэри агуэ сыгъэщӏ! - жери

Инмэ ижьэр къеущӏ.

Вабдзэ-фӏэбз къигъэплъри

Уэ Инмэ ижьэм жьэдедзэ!

И ныбэм щегъэупщӏыӏури

Ари къыжьэдидзыжащ.

- Уэ, нартхэ я щауэ,

Мыри джэгукӏэ щӏагъуэщ,

Нэхъ щӏагъуи сыгъащӏэ,

Сумыгъащӏэмэ, усшхынщ!

Си кӏэтӏийхэр зэригъэшхри...

Си шхэни къигъэкӏуащ.

Сосрыкъуи тхьэм иукӏщ,

Инмэ и укӏыкӏэ хуэмыщӏэ.

- Щыт, щыт, Иныжъ!

Зы джэгукӏи къэнащ.

А джэгукӏэм ухуеймэ,

Сосрыкъуэ жыхуаӏэр

Хы къуэпсибл зэпрашри

Я нэхъ куум хагъэувэ.

Илъэр щӏым нэмысуэ,

Ижьэм псы жьэдэмыуэу

Жэщибл-махуиблкӏэ хагъащтхьэри,

Къеӏэм, зыкъыхечыжыр.

- Сэри агуэ сыгъэщӏ! - щыжиӏэм,

Инри къришажьэщ.

Хы къуапибл зэпрешри

Я нэху куум хегъэувэ,

Илъэр щӏым нэмысуэ,

Ижьэм псы жьэдэмыуэу.

Жэщибл-махуибл уае зрещӏэкӏри

Уэ, Иныжъри хегъащтхьэ.

Къеӏэ иджы! - щыжиӏэм,

Уэ, Иныжъым зигъэпщри,

И фӏэщу къыздеӏэм,

Мылхэр къигъэчащ.

- Щыт, щыт, Иныжъ!

Ӏэбжэ-набжэ гъэбыдащи

Зэрыубыдым пщхьэпэнщ! - жери

Хьэуази хиудэри,

Псыщӏэгъэлъадэ хуищӏыжри,

Нэхъ быдэжу хигъэщтхьащ.

- Къеӏэ иджы! - щыжиӏэм,

- Сеӏэ щхьэкӏэ, сыхъужкъым! - жи.

Мыр, и джатэ кърипхъуэтри

Сосрыкъуи телъэдащ.

- Уф! - жиӏэу къыщепщэм

Шэджэгъуакӏуэ къригъэхьщ.

Дамэ тетти - нэсыжщ,

Щхьэ фӏихынуэ щыхуекӏуэм

- Сэри сымы-Иныжъ делэтэм,

Уэри узэры-Сосрыкъуэр

Уи лъэкӏампӏэмкӏэ усцӏыхупхъэт! -

Жери Инри къэгъащ.

Инмэ ищхьэ къыфӏихри

Мафӏэри къихьри къэкӏуэжащ.

Етӏэнэ зекӏуэри къаригъэщӏри,

Уэ, ядежи къишэжащ Сосрыкъуэ.

Из книги "Адыгэ уэрэдыжьхэр" Зарамука Кардангушева