Сыт уи дыгъуасэ сыт уи пщэдей?

Слова - Джабраил Хаупа

Музыка - Заур Жириков

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Сыт гухэлъ дахэм утепсэлъыхькӏэ?

Хьэкъ узыщыхъурщ уи псэм и дзейр.

Дзапэ уэрэдым нэщхъей сфӏохъу и кӏэр…

Сыт уи дыгъуасэ, сыт уи пщэдей?

Уэрам-уэраму зэхэкӏ - зэхыхьэ

Пщӏыхь щӏыфэ хъуапсэ дэзыбзытейм,

Дыгъэпсри нэпсри щысфӏызэпохьэ…

Сыт уи дыгъуасэ, сыт уи пщэдей?

Данэгъуэ бзийуэ зэхэлъ пшыналъэр

Зэбгырылъэту сыздихь дуней,

Лэгъунэ нэщӏым ӏэгур щолъалъэ…

Сыт уи дыгъуса, сыт уи пщэдей?

Апхуэдэу макӏуэ махуэ етхъуххэр:

Зыр зым теӏэбэу зэрогъэдий.

Мазэгъуэ жэщми зэш къырепхъухыр…

Сыт уи дыгъуасэ, сыт уи пщэдей?

Источник: @zhygue

ключевые слова: утепсэлъыхьк1э