Исполнители: Черим Нахушев
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Сигу къохьэжыр ди зы жэщ ―
Уэ насыпыр бдэзугуэшт.
Мы ди нэгу щӏэкӏахэм сахуозэш.
Гъащӏэр щыхъукӏэ псысэ куэд,
Щхъуакӏэплъыкӏэу плъыфэ куэд
Си гупсысэ щэхухэр еузэд.
Припев:
Си щӏэлэгъуэ удзгъэгъа,
Сытым щхьэкӏэ ухуэла?
Лъагъуныгъэ дахэу сфӏэкӏуэда…
Илъэсыщӏэ уэсыр къос,
Си гухэлъхэр хуэму йос,
Адэ жыжьэу жэщым ар къыхощ.
Уигу къихьэжмэ ди зы жэщ,
Сынолъэӏу сыгъэхъу уи фӏэщ,
Си пшыналъэ дахэр бдогумэщӏ.
Къызэджэжыт, си блэкӏа,
Си гум дыркъуэ тезыдза,
Нэ дахитӏу ди тхьэм къызита.
Припев.
Сигу къихьэжмэ ди зы жэщ
Адэ уафэм вагъуэу хэсщ,
Си фэеплъщи ар умыгъэзэш.
Къигъэзэнкъым фӏы блэкӏам,
Насып унэу къутэжам,
Пщӏыхь ухэту зэ уӏущӏэжам.
Припев.
Источник: oredade.ru
Слушать бесплатно в исполнении Черима Нахушева
ключевые слова: щ1эк1ахэм